Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ

Псэкупсэ, щэнхабзэ зэпы­щIэныгъэхэм зегъэужьы­ным хэлъхьэныгъэшхуэ зэ­рыхуащIам, узэщIакIуэ Iуэ­ху­гъуэхэм жыджэру зэ­ры­хэтым папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр етын:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр
Бердиев Исмэхьил Алий и къуэм - Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Мус­лъымэн IуэхущIапIэм и унафэщIым, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я ЗэщIэзыгъэуIуэ центрым и тхьэмадэм;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр
Абдулаев Ахьмэд Магомед и къуэм - Дагъыстэн Рес­публикэм и муфтийм
Гацалов Хьэжмурат Хьэ­рум и къуэм - Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и Советым и тхьэмадэм
Каралаев Солтанахмед Гаджий и къуэм - ­Къалмыкъ Республикэм и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм
Къардэн Аскэрбий ­Хьэ­ж­бий и къуэм - Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ я Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм
Межиев Сэлахь Митай и къуэм - Шэшэн Республикэм и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм
Рахимов Мухьэммэд Загит и къуэм - Ставрополь крайм и муфтийм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм шыщхьэуIум и 4-м
№75-УГ

Поделиться: