ПщIэншэу Iуэхутхьэбзэхэр зыхуащIэнухэр

УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ Урысейм и Дзэм хыхьэ Фельдъегерь-пощт IуэхущIапIэм дзэ Iуэху хэхам хэт зауэлIхэм пощт IэмалкIэ хуаутIыпщ бандеролхэр, тхыгъэхэр, посылкэхэр зэрыIэрагъэхьэн, езыхэми къабгъэдэкIыу Урысейм и щIыналъэхэм яутIыпщахэр зэрылъагъэIэсын Iэмал зэтраублакIэщ. 

ЦIыхубэр пощтым а и Iуэхутхьэбзэм щыгъуазэу щытын папщIэ, Зыхъумэ­жыныгъэмкIэ министерствэм и сайтым дзэ Iуэху ­хэхам хэт зауэлIхэм хуау­тIыпща хьэпшыпхэр здынэсар къэзыгъэлъагъуэ хъыбарегъащIэ къудамэ къы­щызэIуахащ. 
 Зи гугъу тщIы лэжьыгъэр нэхъри ефIэкIуэн папщIэ, УФ-м Зыхъумэ­жыныгъэмкIэ и министерствэм и Лъэпкъ центрым и унафэщI Гаджи­-
­магомедов С. КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и япэ къуэдзэ ­Говоров С. къыхуигъэлъэгъуащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Iэмалхэм яхуэдэ республикэм и СМИ-хэм къыщызэрагъэпэщыну. Къалэныр нэгъэсауэ зэрагъэзэщIам и щы­хьэту, 2023 гъэм накъыгъэм и 1-м щегъэжьауэ, дэтхэнэ зыри ­хуитщ дзэ Iуэху хэхам хэт зауэлIым и хьэлъагъкIэ килограмми ­10-м фIэмыкI по­сылкэ пщIэншэу хуигъэхьыну. Ап­хуэдэ гукъыдэж зиIэм и хьэпшыпыр зыхуигъэхьым и цIэр, ар зыхэт дзэ зэгухьэныгъэм и номерыр, здэщыIэр иригъэхьын ­хуейщ мыпхуэдэ адресымкIэ: Мэзкуу, индекс: 103400. 

Поделиться: