Зы Iуэхугъуи гулъытэншэу къагъэнакъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дэIыгъынымкIэ комиссэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Мазэ ипэкIэ лэжьэн щIэзыдза, «Хэкум и ­хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм зэкIэ зэфIагъэкIахэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат (комиссэм и унафэщIщ), министрхэр, щIыналъэ администрацэхэм, социальнэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.

КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Урысейм и Президент ­Путин Владимир и унафэкIэ къызэрагъэпэща фондым и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэр зэпымыууэ и нэIэм зэрыщIэтыр. Метр зэбгъу­з­энатIэ 1000 зыубыд унэр мазитIым къриубыдэу сыт и лъэны­къуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ, абы и къудамэхэр районхэм къыщы­зэ­Iуа-
хащ. Мы илъэсым и кIэ пщIондэ социальнэ унэтIакIуэхэу цIыху 80 лэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщынущ, абыхэм ящыщу 23-м я Iэзагъэм хагъахъуэри, я къалэным пэрыхьащ.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед жиIащ мазэм къриубыдэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я уна­гъуэхэмрэ къабгъэдэкIыу 135-рэ зэрызыкъы­хуагъэзар. Ахэр теу­хуащ социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм, зауэ зэпэщIэтыныгъэм и ветерану зэрыщытым и щыхьэт тхылъыр къыдэхыным, социальнэ, психологие реабилитацэ ягъуэ­тыным, санаторэхэм кIуэ­ным, коммунальнэ гугъуехьхэр зэ­фIэхыным. ЛъэIуу 120-рэ ягъэ­зэ­щIащ, 15-м яужь итщ. Зэры­зыкъыхуагъэза зы Iуэхугъуи гулъытэншэу къагъэнакъым. А лъэIухэм ятеухуауэ адэкIэ къапэщыт къалэнхэр яубзыху.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ фондым и лэжьыгъэр Iуэху псори а зы щIыпIэм щызэфIэкIыу зэтеухуэн зэры­хуейр. Абы папщIэ хэщIапIэм къыщызэIуах Медико-социальнэ экспертизэмкIэ бюром, къалэн куэд щызэфIах центрым, Сбербанкым я къудамэхэр, юрист, психолог IэнатIэхэр.
КъищынэмыщIауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ республикэм узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и IэнатIэм дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм психолого-психотерапевт дэIэпыкъуныгъэхэр щагъуэт IуэхущIапIэ щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщынущ. КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Къармэ Марат пщэ­рылъыр зэрагъэзащIэм и гугъу ищIащ: район поликлиникэхэм пэш къыщызэрагъэпэщ, республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм ящыщ зым гъуэлъыпIэ 30 щIэту сымаджэщ къудамэ къы­щызэIуахынущ. КIуэкIуэ Казбек министерствэм къалэн ящищIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я узыншагъэр санаторэхэм щрагъэфIэ­кIуэжыныр зэтраублэну.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим жиIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щIэсхэмрэ псом япэу мазэ къэс ят ахъшэ пособиехэр, компенсацэхэр зэрыIэ­рагъэхьэр. Зыхуэныкъуэ дэIэ­пыкъуныгъэхэр ягъэбелджы­лын папщIэ унагъуэ къэс я социальнэ паспортхэр зэха­гъэу-­
ващ, дэтхэнэ зыми центр щхьэхуэхэм я IэщIагъэлIхэр егъэбыдылIащ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм щхьэщахащ зи школ кIуэгъуэ нэмысахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэм ират ахъшэр, мобилизацэм ­хиубыдауэ къулыкъу зыщIэхэм я сабийхэр пщIэншэу ягъашхэ, психолог-педагог дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIэ. Мобилизацэм хиубыдахэм республикэ бюд­жетым къыхэкIыу мазэ къэс и чэзум сом мин 25-рэ яIэрохьэ.
«УФ-м и Президентым фондым пщэрылъ щищIахэр нэгъэсауэ дгъэзэщIыныр ди къалэнщ. ЩIыналъэхэр республикэ фондым жыджэру фыдэ­лэ­жьэн ­хуейщ. Хэкум и щхьэ­­щы­­-
жа­кIуэу къэувахэм яхуэфэщэну дахущытыпхъэщ, социальнэ дэIэпыкъуныгъэрщ нэхъ мащIэ дыдэу абыхэм яхуэтщIэфыр. Дзэ къалэныр зыгъэзащIэхэм жыла­гъуэм пщIэ щаIэн папщIэ тхузэфIэкIыр длэжьын хуейщ. Ар фэрэ дэрэ ди къалэнщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

* * *

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэ нэужьым хуэзащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дэIыгъынымкIэ «Хэкум и хъума­кIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед. Ахэр тепсэ­лъыхьащ фондым и лэжьыгъэр ­къызэрызэ­гъэ­пэщам, ар зэре­кIуэкIым. И гугъу ящIащ щIыналъэ къудамэм и лэжьа­кIуэхэр - социальнэ унэтIакIуэхэр - дэIыгъынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэ Iуэхухэми. «Ахэращ махуэ къэс жэуап­лыныгъэшхуэ зыпылъ къалэнхэр зэфIэзыхынур, аращи лIыхъужьхэм ядэIэпы­къуну гупыж яIэн хуейщ, ап­хуэдэуи зыпэрыт Iуэхум и мы­хьэнэр нэсу зэхащIыкIыпхъэщ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
Апхуэдэуи тепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэ­нымкIэ ведомствэхэр зэ­рызэдэлэжьэнум. КIуэкIуэ Казбек жиIащ фондым и къалэнхэр псынщIэу икIи фIагъ пылъу зэфIагъэкIын папщIэ Дадэ МуIэед и зэфIэкIхэм къыхигъахъуэу КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъуу игъэувыну уна­фэ къызэрищтар.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: