Къат куэду зэтет унэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIауэ

КъБР-м и Правительствэм щекIуэкIащ
Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щыIэ
къат куэду зэтет унэхэр зыхуей хуэгъэзэным-
кIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIына-
лъэм и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ къат куэ-
ду зэтет унэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ щIы-
налъэ операторхэм я гъэзэщIакIуэ унафэщI
Мамоновэ Аннэ.
ЗЭIУЩIЭР къызэIуихащ КъБР-м и Прави-
тельствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къу-
ныжь МуIэед.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэм и
УнафэщIымрэ къабгъэдэкIыу фыкъезгъэблэ-
гъэну си гуапэщ. Къат куэду зэтет унэхэр зы-
хуей хуэгъэзэным пыщIа Iуэхугъуэхэр зэрыгу-
гъум, ахэр зэфIэбгъэкIыным мыхьэнэшхуэ зэ-
риIэм дэтхэнэри дыщыгъуазэщ. ФIыщIэ фху-
зощI мы Iуэхугъуэр къызэрыфIэтам, хуэфэщэн
гулъытэ зэрыхуэфщIым папщIэ. Къапщтэмэ,
мыпхуэдэ зэIущIэхэр щхьэпэщ дызэчэнджэ-
щынымкIэ, зэхъуэкIыныгъэфIхэр щыIэным-
кIэ. Дызэдэлажьэмэ, нэхъыбэ зэдгъэхъулIэ-
фынущ, - жиIащ Къуныжьым.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Урысей Федера-
цэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и
къуэдзэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIы-
налъэм щыIэ Надыкто Владимир.
- ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ Iуэхум теухуа-
уэ зи гуащIэ щымысхь дэтхэнэми щIына-
лъэхэм щыIэ лэжьакIуэхэми. Иужьрей илъэси-
тIым гугъу федгъэхьащ, пэжым ухуеймэ. Ауэ
ди бгыр зэрыщIэткъузар псыхэкIуадэ хъуа-
къым, зэхъуэкIыныгъэфIхэр щыIэщ. ФIыщIэ
хузощI Урысей Федерацэм Ухуэныгъэмрэ
ЖКХ-мкIэ и министерствэм. Къат куэду зэтет
унэхэр зехьэнымрэ зыхуей хуэгъэзэнымкIэ,
абыхэм епха нэгъуэщI IуэхухэмкIэ куэдрэ заху-
догъазэ. Долъагъу ди упщIэхэр жэуапыншэ
зэрымыхъур, пIалъэ къыхамыгъахъуэу къызэ-
рыддэIэпыкъур.
Къапщтэмэ, иджыпсту дызэлэжьыну диIэр
мащIэкъым къат куэду зэтет унэхэр зехьэным,
абыхэм щыпсэухэм ятын хуей ахъшэр къы-
хэхыным, пIалъэ кIэщIым лэжьыгъэ нэхъыбэ
зэфIэдгъэкIыным, адэкIэ дызытетыну пща-
лъэхэр дгъэбелджылыным теухуауэ. ФокIа-
дэм зэIущIэ едгъэкIуэкIыну ди мурадщ мази
8-м къриубыдэу дызыхунэсахэр къызэщIэт-
къуэжу, - къыхигъэщащ абы.
Къэрал Думэм къыбгъэдэкIыу зэIущIэм къы-
щыпсэлъащ Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммуналь-
нэ IуэхущIапIэмкIэ абы и комитетым и уна-
фэщIым и къуэдзэ Разворотневэ Светланэ.
Урысей Федерацэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ
коммунальнэ IуэхущIапIэмкIэ и министрым и
къуэдзэ Ересько Алексей зэIущIэм хэтхэм ви-
деокIэ зыпащIащ. Абы къыхигъэщащ
хьэщIэхуэфI Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зы
гъуэгукIэ емыблэгъэфами, щхьэхуэу зэрызы-
щигъэгъуэзэжынур зэIущIэм къыщаIэта Iуэху-
гъуэ хэм.
- Хабзэ дахэу къызолъытэ федеральнэ
щIына лъэхэм мыпхуэдэ зэIущIэхэр зэры-
щекIуэкIыр. ДызэдэIэпыкъуу, дызэчэнджэщу
ды зэдэлэжьэнымкIэ абы мыхьэнэшхуэ идот.
Дэтхэнэ щIыналъэми иIэщ Iуэхум хилъхьэ
щIэщыгъуагъ гуэр. АтIэ, ар нэгъуэщI щIына-
лъэхэми къахуэсэбэпмэ, хъарзынэщ.
2022 гъэм министерствэм иригъэкIуэкIащ
ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэным теу-
хуа лэжьыгъэр. Ахэр ехьэлIауэ щытащ къат
куэду зэтет унэхэм щыпсэухэм зэдай мылъкур
зехьэным халъхьэ ахъшэм, унэхэр зехьэныр
къызриубыдэ пIалъэхэм, нэгъуэщIхэми. 2023
гъэм капремонтыр хиубыдащ Ущыпсэуну къе-
мызэгъ унэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэным теу-
хуа социальнэ проектым, - жиIащ абы.
Къат куэду зэтет унэхэм республикэм щаIэ
щытыкIэм, унэхэр зыхуей хуэгъэзэным и Iуэху-
кIэ зыхунэсхэмрэ зыхуэныкъуэхэмрэ теухуауэ
къэпсэлъащ, лъэпощхьэпоуэ зрихьэлIэхэри
къигъэлъэгъуащ «КъБР-м къат куэду зэтет унэхэр
зехьэнымкIэ щIыналъэ оператор» IуэхущIапIэм и
генеральнэ унафэщI Кулиев Мустафир:
- Ди лэжьыгъэр нэхъыфIу, пIалъэ кIэщIми
къриубыдэу дгъэзэщIэн папщIэ дызыхуэны-
къуэ хэм ящыщщ унэм щыпсэухэм ятеухуауэ
тщIапхъэр диIэн зэрыхуейр. Лъэпощхьэпохэм
ящыщщ къэрал пошлинэр хамылъхьэу судым
тхыгъэ зэрыщIалъхьэр. 2023 гъэм къриубыдэу
судым щIалъхьа материал мини 9,5-м къэрал
пошлинэу тедгъэкIуэдакIэщ сом мелуани 5-рэ
мин 800-рэ. НэгъуэщI лэжьыгъэхэм тедгъэ-
кIуэдапхъэ ахъшэр абыкIэ дунэтIын хуей мэхъу.
Си гугъэщ а Iуэхум къат куэду зэтет унэхэр зе-
хьэнымкIэ щыIэ адрей фондхэри иригузавэу.
Зыхэплъэн хуей Iуэхугъуэщ искым хухэха пIа-
лъэр зэрикIыр. Къат куэду зэтет унэм щып-
сэухэм ящыщ зым теухуауэ а Iуэхур къы-
щыплъытэм деж, и пIалъэм зэи димыгъэхуу
унэ зехьэным ахъшэ хэзылъхьэхэм я дежкIэ
гуапэкъым ахэр зэрызэхуамыгъадэр.
УФ-м ухуэныгъэ стратегие проектхэмкIэ и
департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Огур-
цовэ Аннэ тепсэлъыхьащ къат куэду зэтет
унэхэр зехьэным и Iуэхур Урысейм зэрыщы-
зэ теу хуам. Ар къытеувыIащ иужьрей илъэсхэм
фIы и лъэныкъуэкIэ зызыхъуэжахэми, лъэ-
пощ
хьэпо щыIэхэми, унэхэр зыхуей хуэгъэ зэ-
ным тегъэпсыхьа проектхэми.
- Къат куэду зэтет унэхэр зыхуей хуэ-
гъэзэнымкIэ щIыналъэхэм щыIэ фондхэм гу-
лъытэ лей яхуэщIыпхъэщ. Абы теухуауэ Уры-
сейм и щIыналъэ псоми зэдай мардэ щхьэхуэ
гъэбелджылын хуейуэ къызолъытэ. Ар сэбэп
хъунущ унэхэм щыпсэухэм фондхэм сыт и
лъэныкъуэкIи дзыхь хуащIынымкIэ, - жиIащ
Ересько Алексей.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: