Хэкупсэ гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ ират

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Правительствэм и Унэм лэ­жьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр ­Езауэ Анзоррэ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистр Лу Азэмэтрэ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIэблэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ яхэ­лъыным гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын зэрыхуейм. 

ЩIыналъэм и унафэщIым и псалъэм къызэрыхигъэ­щам­кIэ, дызэрыт лъэхъэнэр къэп­лъытэмэ, ныбжьыщIэ­хэр, щIалэгъуалэр хэкупсэу, къэралым и къыщхьэщыжакIуэ нэсу гъэсэным гулъытэ хэха егъуэт. Абы иджыпсту иIэ мыхьэнэр зэ­рыиныр къыхагъэщ къэрал унафэр зыIэщIэлъхэми. КIуэ­кIуэ Казбек жиIар даIыгъыу, министрхэр тепсэлъыхьащ     зи пашэ IэнатIэхэм абы и лъэныкъуэкIэ щызэфIагъэкI лэжьыгъэхэм. Республикэм и Iэтащхьэр гупсэхуу едэIуащ министрхэм икIи къыхигъэ­белджы­лыкIащ дзэ-хэкупсэ гъэ­сэ­ныгъэм и унэтIыныгъэ псоми адэкIи зэрызегъэу­жьыпхъэр: ар зи къалэн IэщIагъэлI­хэр гъэхьэзырын хуейщ, ме­тоди­кэм хэплъэ­жып­хъэщ, ап­хуэдэуи IэнатIэ­хэр зэпыщIауэ а лэжьыгъэр зэфIагъэкIын ­хуейщ. 
КIуэкIуэ Казбек министрхэм къалэн ящищIащ щIэблэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ егъэгъуэ­ты­ныр зэребгъэфIэкIуэфыну Iэ­малхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ къы­щыгъэлъэгъуа проектхэр яубзыхуну, а унэтIыныгъэмкIэ ­республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэ псори зэзыгъэуIу ахэр хъун хуэдэу.

Поделиться: