Дызэрыщыгъуазэщи, иджырей бзылъхугъэр жыджэру хэтщ къэралым щекIуэкI жылагъуэ-политикэ, социально-экономикэ Iуэхухэм. Зэпымыууэ зи щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, зи IэщIагъэм зезыгъэужь, зи лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу езыхьэкI цIыхубзым иджырей гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд. Нобэ ди псэлъэгъущ бзэ щIэныгъэм дихьэх, адыгэбзэм и зэфIэкIым хэгъэхъуэным жыджэру телажьэхэм ящыщ пщащэ ныбжьыщIэ Бэждыгъу Альбинэ.
- Уэ уащыщщ анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъухэм, абы зиужьыным, и мыхьэнэр нэхъри къэIэтыным зи гуащIэ езыхьэлIэхэм. А псоми къежьапIэ яхуэхъуам укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
- Си анэр урысми, си адэмкIэ сыадыгэщ. Адыгэбзэм и IэфIыр зыхызэзыгъэщIар си адэм и анэрщ. Зэдэлъхузэшыпхъу дохъури, дыщыцIыкIум щегъэжьауэ, дэ тIур абы и деж тхьэмахуэм зэ дашэрт. Ди нанэр, зыщыщ лъэпкъым и бзэр, и щэнхабзэр апхуэдизу япэ иригъэщырти, пщэдджыжьым къыщыщIэдзауэ жэщ хъуху къызэрыдэпсалъэу щытар адыгэбзэт. Дэри а лъагъуныгъэр къызэрытхипщэным ар сытым дежи хущIэкъуащ. СыкъыдэкIуэтеиху, сэри нэхъ зыхэсщIэ хъуащ адыгэбзэм и дахагъэм, и беягъэм щIэи гъуни зэримыIэр. ГъэщIэгъуэныр аращи, курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ къыщыдат дерсхэр гъэзэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу сиIар ди гъунэгъухэращ, а бзэр ди анэм зэримыщIэм къыхэкIыу (адэр пасэу тщхьэщыкIат).
- Телъыджэщ, Альбинэ, бзэр къызэрогугъуэкIым узэрыбгъэдимышар!
- Ар сэркIэ насыпщ. Мыгувэу нэхъри зыхэсщIащ адыгэбзэм сызэрызыIэпишэр. Сыдихьэхауэ седжэрт республикэм анэдэлъхубзэкIэ къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ ярытхэми. Курыт школым иджыри сыщIэсу къысIэрыхьауэ щытащ адыгэ-урыс псэлъалъэхэм ящыщ зыр. Абы и напэкIуэцIхэм сатхьэкъупауэ сакъызэрыкIэрымыкIым гу лъызыта анэм гузавэ тIэкIуи къищтат.
- КъызэрысщыхъумкIэ, дэ нэгъэсауэ дыщыгъуазэкъым цIыхум и анэдэлъхубзэм пищIын щымыIэу, ар фIыуэ илъагъу щIэхъум и щхьэусыгъуэм. Уэ, Альбинэ, узэрегупсысымкIэ, сытым къыхэпха хамэбзэхэм, я зэгъэщIэныр къохъулIэ пэтми, адыгэбзэр япэ ибгъэщыныр?
- Курыт еджапIэм нэхъ къыщызэтыншэкIыу щытар есэпымрэ бзэхэмкIэ дерсхэрат. Адыгэбзэр псом япэ изгъэщын хуей щIэхъуар, псэм и лъащIэм аддэ жыжьэу къыщыщIэращIэ гурыщIэм деж къыщежьэу къызолъытэ. Зэрыхъуар аращи, школ нэужьым, сэ япэщIыкIэ Псыхуабэ дэт колледжхэм ящыщ зым сыщIэтIысхьащ. Абы финансхэмрэ кредит IэщIагъэмкIэ сылэжьэфыну сыкъыщIагъэкIащ. Налшык къэзгъэзэжри, «Такси» ООО-м кассир-бухгалтеру сыуващ. АрщхьэкIэ, а IуэхущIапIэм куэдрэ сыIумыту сыкъыIукIыжри, си гум нэхъ фIэфI унэтIыныгъэмкIэ IэнатIэ сылъыхъуэу щIэздзащ.
- Абы иужь дэнэ укIуат?
- КъызжаIат дунейпсо мыхьэнэ зиIэу къалъытэ тхыгъэхэм ящыщу литературэ-художественнэ, псэкупсэ-гъэсэныгъэ, философие я лъэныкъуэкIэ япэ игъэщыпхъэхэр дэ тхуэдэу зи бжыгъэкIэ куэд мыхъу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ зэдзэкIыным, абыхэм ящыщу хьэзыр хъуахэр тхылъу къыдэгъэкIыным, аудио дискхэм тедзэным телажьэ гуп ди республикэми зэрыщыIэр. Абыхэм защыпысщIэм, япэщIыкIэ гъэунэхуныгъэ хуэдэу дерс щхьэхуэхэр къызату щIадзащ. Ауэрэ, си пщэ къыдалъхьащ аудио дискхэр тхыным пыщIа Iуэхухэр къызэзгъэпэщын хуейуэ. Арати, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щылажьэ артистхэм запысщIэри, абыхэм ящыщ гуэрхэр а лэжьыгъэм къесшэлIауэ щытащ икIи диск зыбжанэ, балигъхэри сабийхэри едэIуэфын хуэдэу, дгъэхьэзыращ.
- Лингвистикэм ехьэлIауэ щIэныгъэ зэрызэбгъэгъуэта щIыкIэм и гугъу къытхуэщIыт, Альбинэ.
- Ауэрэ, зи гугъу сщIа зэдзэкIакIуэ гупым хэтхэм ящыщу си лэжьыгъэр зэрыдэкIым гу лъызыта гуэрым къызжиIащ Инджылызым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым лингвистикэмкIэ (бзэщIэныгъэмкIэ) и факультетым, иджырей Интернет зэпыщIэныгъэхэр къэзгъэсэбэпурэ, сызэрыщIэтIысхьэфынур. КъызиIуэкIа къудей мыхъуу, экзаменхэр тынымкIи къыщыздэIэпыкъум, ари къызэхъулIащ. КъищынэмыщIауэ, зэдзэкIакIуэхэм адыгэбзэмкIэ и къудамэм и зэгъэуIуакIуэ къулыкъури къысхуагъэфэщати, абыи сыпэрагъэуващ. Иужьым, Инджылызым зи гугъу сщIа и еджапIэ нэхъыщхьэм и къудамэу Санкт-Петербург дэтым илъэситI къэс зэ сраджэурэ, абы кавказыбзэхэм я фонетикэмкIэ дерсхэм сакъыщыхуеджащ. Мы зэманми зи гугъу сщIа зэдзэкIакIуэ гупым садолажьэ…