Шу лъагъуэри гъущI гъуэгуриУФ-м и Къэрал Думэм иджыблагъэ урысыбзэм теухуауэ хабзэщIэ къищтащ. ДяпэкIэ хамэбзэм къыхэкIа терминхэу урысыбзэм мыхьэнэгъу щызиIэхэр къагъэщхьэпэу ядэжынукъым. КIэщIу жыпIэмэ, хамэбзэм къыхэкIауэ урысыбзэм къищта псалъэхэр ягъэмэщIэну аращ. Мы хабзэм и япэ къеджэгъуэр 2022 гъэм и дыгъэгъазэм екIуэкIащ. Абы епха дэфтэрым Iуэхум и щхьэусыгъуэри къыщаIэтащ: «Урысыбзэр зэрыкъэралыбзэр хабзэкIэ пхыгъэкIын мурадкIэ». Ещанэ къеджэгъуэр зэфIэкIыу хабзэр къащта иужь, къэралыгъуэм и дэтхэнэ Iуэху зехьэпIэми къыщагъэсэбэпыпхъэ фIэщыгъэхэр псалъалъэхэм иратхэнурэ зэбграгъэкIынущ. Гу лъытапхъэщ «соцсеть» жыхуаIэ хъыбар зэIэпыхыпIэхэм тхыбзэм къемызэгъ псалъэ куэд, «емыкIу» жыхуаIэм хиубыдэу, зэрыщызекIуэр. А Iуэхуми унафэ ткIий тращIыхьыну унафэ ищIащ Президентым. Адыгэбзэми куэдкIэ хуэщхьэпэнут егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, псом хуэмыдэу - политикэм къыщыдгъэщхьэпэ терминхэм дыхэплъэжыну. Псалъэм и хьэтыркIэ, «IуэхущIапIэ», «щIыналъэ», «зэхуэс», «зэIущIэ» псалъэхэм къедгъэубыд мыхьэнэхэр нэхъ нэгъэсауэ тхузэтехынут, дызытепсэлъыхьыр IупщI хъун хуэдэу. Дэ IэмалыфI диIэщ мыхьэнэ щхьэхуэхэр ди къуэш республикэхэм, Адыгеймрэ КъШР-мрэ къызэрыщагъэсэбэпым етлъытыну. Ди жагъуэ зэрыхъущи, бзэм и Iуэхур журналист жэрдэмкIэ зэфIэкIыркъым. ЩIэныгъэлIхэм дызэхахын папщIэ, политикхэм зыкъытщIагъэкъуапхъэщ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
|