ЩIыналъэхэр зэхуэдэн хуейщ

Си ныбжьэгъум къызжиIащ: «ФатIимэ (и ­пхъурщ зи гугъу ищIыр) сом мин 25-рэ мазэ къэс къысхурегъэхьри, абы зыкъыдигъэужьыжащ».

Сехъуэпсащ икIи сигъэгупсысащ. Абы и пхъур илъэситI хъуауэ Москва щолажьэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къулыкъу гуэри иIыгъкъым, ауэ и адэ-анэм къадоIэпыкъуф. АтIэ, щыхьэрым мыкIуэу Налшык апхуэдэ зэфIэкI щхьэ щимыIэрэ? Псори зытещIыхьар Москва хэIэтыкIыща зэрыхъуарщ. Хэбгъэзыхьмэ, СССР-м хэта республикэ 15-р зэрызэхэкIам хуэбгъадэ хъуну ари, пыгъэщхьэхукIа хъуащ. Аращ къэралым и ахъшэм и нэхъыбэр здэщыIэр. ИкIи абы псори есэжащ. Москва дэсхэм е къалащхьэм кIуауэ щылажьэхэм фIэкIыпIэ имыIэу я улахуэр нэхъыбэн хуейщ. Ар IэнатIэ псоми тещIыхьащ. Хэбгъэзыхьмэ, Къэбэрдей Балъкъэрым е Осетие Ищхъэрэм егъэджакIуэр улахуэкIэ ауэ жыжьэуи щылъэщIыхьэркьым Москва щыщ и лэжьэгъум. Абы щыгъуэми, яIыгъ класс бжыгъэр зэхуэдэщ, зыпэрытри зы IэнатIэщ. АтIэ, апхуэдэу щытын хуей? Властхэм мыбдеж тегъэщIапIэ щащI щIыналъэхэр я зыужьыныгъэкIэ зэрызэщхьэщыкIыр. Аращи я хэхъуэхэри зэхуэдэкъым. АрщхьэкIэ, зэт! АтIэ, щхьэ дызэхуэдэ дгъэзащIэ къалэнхэмкIэ. Псоми налогыу процент 13% дот - сом мини 7,5-рэ фIэкIа зи улахуэ мыхъухэми мелардырыбжэхэми. Апхуэдэ дыдэу къэралыр ­хъумэным и лъэныкъуэкIи ди пщэ къыдэхуэ къалэнхэр зэхуэдэ дыдэщ. Иджыри щапхъэ куэдыкIей къыпхуэхьынущ.
А псом я щIыIужкIэ щIыналъэхэр гугъу езыгъэхь нэгъуэщI лъэпощхьэпохэри щыIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Урысейм и щIыналъэхэм къыщыхах налогхэм я зэхуэдитIыр ищхьэкIэ докIуей. Абы захуагъэ зэрыхэмылъыр куэд щIауэ IэщIагъэлIхэм жаIэ. ИужькIэ а ахъшэр щIыналъэхэм къыхуаутIыпщыж «дотацэ» фIащауэ. АтIэ, налогхэм я зэхуэдитIыр щIыналъэхэм къыхуагъанэ щхьэ мыхъурэ? Хъуну къыщIэкIынт, ауэ абы зыгуэрхэм белджылыуэ я сэбэп хэлъкъым. Аращи, щIыналъэхэм я нэхъыбэр зыщыгугъыр Москва къахуишиирщ. Мыбдеж куэди щелъытащ а къэзыутIыпщхэр къызэрыпхущытми.
Пэжу, зи гугъу тщIы зэхуэмыдэныгъэр къыщежьар иджыкъым. Совет лъэхъэнэм Советхэм я Унэм щекIуэкIа зэIущIэшхуэ гуэрым дыщIэсу КПСС-м и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ къыджиIауэ щытащ: «Сэ куэдрэ язоIуэкI Москва къикI хьэщIэхэм: сыт Кавказ къуршхэм я адрыщIкIэ къыщалэжь мэлылыр дэ ди лъэныкъуэмкIэ щагъэхьэзырым нэхърэ щIэнэхъ лъапIэр? Абыхэм я деж къэралым нэхъ лъапIэу къыщещэху сытри. Ар къезэгъыркъым».
Иджы уасэхэри лэжьапщIэхэри къэралым игъэувыххэркъым. Узыгъэлажьэм къыпхуишийрщ узыкъуэсынур. Апхуэдэ дыдэщ щIыналъэхэри: уи псэукIэр зэлъытауэ щытынур ущыпсэу щIыпIэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ щытыкIэм зи­хъуэжынуи фэ теткъым.

.

ШАЛ Мухьэмэд
Поделиться: