Тхьэм псом я лейуэ къыхиха

Мысыр  усакIуэ  Щэукъий  Ахьмэд

«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIы­гъуэм псэуа Щэукъий Ахьмэд, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щит­хащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм. Тхылъыр 1956 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Ар къызэIуех Щэукъийм и усыгъэмкIэ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа нэгъуэщI усакIуитIми - Мыхьмуд Сами аль-Барудирэ Исмэхьил Сабрирэ - я усыгъэхэр ихуащ а тхылъым.

Мысырым и усыгъэм классицизмэм щи­гъуэта зыужьыныгъэм Щэукъий­ Ахь­мэд и усыгъэхэр и лъагапIэщ икIи и дахапIэщ. Жылагъуэ гъащIэм къыщыхъу­ зэхъуэ­кIыныгъэхэр къигъэлъагъуэурэ, цIыху­хэр зы­­щIэхъуэпси, зыхунэсаи, абыхэм я гу­рыгъу-гурыщIэхэри зыубгъуауэ и тхыгъэхэм къыщиIуэтащ, иджырей цивилизацэм и мы­­хьэнэр япэ дыдэу къэзыгъэлъэгъуэфа хьэрып усакIуэхэми ар ящыщ зыщ.
Хьэрып усыгъэм и гъэфIэныр, и шу па­шэр 1870 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м Каир дэс адыгэ унагъуэ хуэщIам къыщалъ­хуащ. ЩIэныгъэфI зригъэгъуэтынымкIи зыщыщIэ щыIакъым. Ахьмэд и адэшхуэр Кав­­казым икIри Мысырым Iэпхъуат Му­хьэмэд-Алий щытеп­щэ лъэхъэнэм. Аббас Езанэм и зэманым таможнэу Мысырым иIам и унафэщI къулы­къур абы кърат.
ИлъэсиплIым иту Ахьмэд пэщIэдзэ еджапIэм щIагъэтIысхьэ, и ныбжьыр илъэс пщы­кIутхум нэсауэ курыт еджапIэр къеух.
«Си къуэм юристу къулыкъу ищIащэрэт», - жызыIэ и адэм йодаIуэри, ар щIотIысхьэ Мадрасат-ал-хукъукъым - хабзэм хуэлэжьэнухэм я лицейм. Щэукъий студенту усэ тхын щIедзэ, яфIэмыIейуэ абы и IэдакъэщIэкIхэр газетхэм традзэ.
Тауфикъ хедивым и мылъкукIэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну 1887 гъэм ар Франджым ягъакIуэ. УсакIуэ ныбжьыщIэм хаб­зэхэр щедж Марсель, Монпелье, Париж къалэхэм, гъунэгъуу нэIуасэ захуещI франджы литературэмрэ театрымрэ, музейхэр зрегъэ­лъагъу, Инджылызым макIуэ. «Алий-бек Щэджащэр» драмэр, адыгэ мамлюкхэм я псэукIам теухуар, абы Париж щетх. Франджы гъащIэм теухуауэ усэ Iэрамэрэ шыпсэхэмрэ мыбы къыщыдегъэкI.
ИужькIи абы куэдрэ къыхуихуащ Европэм кIуэну. Мысырым и щIэныгъэлIхэм я лIыкIуэу «КъуэкIыпIэ къэралхэр зыджхэм» я дуней­псо конгрессхэм Щэукъийр тIэунейрэ хэтащ - зэм Женевэ щыщекIуэкIам (1894 гъэм), етIуа­нэм - Афинхэм щызэхэтам (1912 гъэм).
1892 гъэм Тауфикъ хедивыр дунейм ехыж­ри, тахътэм тетIысхьащ Аббас ЕтIуа­нэ Хьилмийр. ИпэкIэ тетахэм заригъэщхьу, абы Щэукъий Ахьмэд зрешалIэ, пщIантIэдэт усакIуэ ещI. «Хьэрып литерату­рэ­щIэм и тхыдэ» зыфIища и лэжьыгъэм академик Крымский А. Е. къыщыхегъэщ а гъэхэм Щэукъий мус­лъымэн диныр гъэ­лъэпIэным куэду зэрытетхыхьыр. УсакIуэм зэриукъуэдиймкIэ, а диным лъэпкъ Iэ­джэ­­хэр зэкъуэш зэхуищIырт икIи мус­лъы­­мэнхэм я жэнэт щIыналъэм хуэдэ щымыIэу хедивыр зи тет Мысырыр къигъэ­лъагъуэрт. Урыс академикыр адэкIэ щы­топсэлъыхь хабзэншэу Мысырым теп­щэгъуэр щызыубыда инджылызхэми, тырку­ ­сулътIан Абдул-Хьэмид ЕтIуанэми Щэу­къий Ахьмэд щытхъу «пшыналъэхэр» яхуи­гъэшу зэрыщытам. Ауэ иужькIэ а ­щытхъу нэпцIхэр усакIуэм и тхыгъэщIэхэм нэхъ мащIэ ­щохъу. ЕпщыкIубгъуанэ, етIощIанэ лIэ­щIыгъуэ­хэм я зэпылъыпIэм адыгэ щIалэм и усыгъэ лIэужьыгъуэхэр одэрэ элегие­рэт. Зым зэфIэкI зиIэ цIыхушхуэхэм щытхъу щахуи­гъэшырт, адрейм, зэрыхабзэти, нэщхъе­ягъуэхэр гущIыхьэу къыщигъэлъа­гъуэрт. Абы и диван «Аш-Щэукъийятыр» 1898 гъэм Каир къыщыдэкIащ. А тхылъым ихуат 1888 - 1889 гъэхэм итхахэр. И пэщIэдзэ псалъэм усакIуэр щытепсэлъыхьырт усыгъэр къызэрыщыхъум, къыщиIуэтэжырт и гъащIэр къызэрекIуэкIари.
1890 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ Ахьмэд и къалэмыпэм къыщIокI хьэрып пасэрей гъащIэм теухуа сюжетхэмкIэ итхыжа повестхэр, хъыбархэр. Гу лъыботэ «Жэщ минрэ зым» ижь абыхэм къа­зэрыщIихуами, классицизмэм и хабзэхэм ­тету ахэр зэрыузэщIами.
ЕкIуэкI политикэм зыдезыгъэкIуф цIыхуу зыкъилъытэж пэтми, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Щэукъий Ахьмэд итха усэхэм яхыболъагъуэ империализмэм и бий Iуэху еплъыкIэхэри, мысыр цIыхубэр и щхьэхуи­тыныгъэм зэрыщIэбэнри. И лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр къыщыгъэлъэгъуа, гупсысэ куухэр къыщиIуа­тэ и усэхэм ящыщу тхы­лъеджэхэр ­нэхъ егъэпIейтей «Данышуай теу­хуа гукъэ­кIыжхэр» жыхуиIэм. Абы усакIуэм гуузу къыщеIуэтэж 1906 гъэм инджылыз зэрыпхъуакIуэхэм Данышуай жылэ цIыкIур Iис­раф зэращIар. Инджылызым и бийуэ гъэпсащ «Мустэфа Камал», «Нил», «Кромер деж», «Хэкур сфIэгуэныхьу» усэхэр. Иужьрейм усакIуэм щитхырт:

Загъэбэлыхьми а зылъэкIхэм,
Ер къыщытлъихьэм, дыхыфIадзэ.
Сахэткъым ахэм я сатырхэм -
ЗапыIузодзыр хьэIуцыдзхэм.
Аргуэру соIуэ, си фIэщ хъууэ:
МафIэсым щIы исар
Зывэжхэм, бжьыр зытрадзауэ,
Мылъку лейкIэ удэфар
Хагуэну ялъэкIыну.

1914 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м Британием хъыбар игъэIуащ Мысырыр и унафэм зэрыщIэувэмкIэ. Хедивыр ягъэкIуэдыжат. Инджылызым и бий тхыгъэхэр зэрытрыригъэдзам къыхэкIыу Щэукъий Ахьмэд къэралым ирагъэкIащ. ИлъэсихкIэ ар ирагъэхьэжакъым и хэкум. Андалусиер зи хэщIапIэ усакIуэр Iэджэуи хуэзэшырт фIыуэ ­илъагъу и лъахэм. Ар къыщеIуатэ а лъэхъэнэм итха усэ куэдым.
Мысырым къигъэзэжа нэужь, Щэу­къий теп­щэгъуэр зыIэщIэлъхэм запищIэжакъым. УсакIуэр Iущ хъуат. Абы и нэгу щIэкIырт цIыхубэм я дуней еплъыкIэм икъу­кIэ зэрызихъуэжам, лъэпкъыр щхьэхуит щIыжыныр псоми я гухэлъу бэнэныгъэм зэрызыхуа­гъэхьэзырыр.
Иджы, и напэр къемыдэуэжу, усакIуэм зыхуейр, и псэм фIэIэфIыр итх хъунут. И усыгъэ нэхъыфIхэри а зэманращ къыщигъэщIар. «Бэрэдэ псым теухуа уэрэд», «Властыр цIыхубэм етын!», «ЩIалэгъуалэм зыфхузогъазэ», «Хэку», «Нил аузыр зыщ» усэхэм, «Хуитыныгъэ плъыжь» поэмэм усакIуэм къыщеIуатэ КъухьэпIэмкIэ щыIэ къэралхэм зэрахьэ лейр, ялэжь мыхъу­мыщIагъэхэр, хьэрып къэралхэр зэкъуэувэу абыхэм я бжьыр зытрадзын зэрыхуейр.

ЖызоIэ сэ: цIыхубэм властыр хуейщ къищтэн,
ИтIанэ пщылIыпIэм дэ дыкъикIыжынщ, -

щыжеIэ усакIуэм «Властыр цIыху­бэм ­етын!» зыфIища усэм.
Щэукъий и пщIэм зиIэтырт, усакIуэшхуэу и хъыбарыр щIыпIэ жыжьэхэм щыIуат. ­Каир и «Пащтыхь оперэм» 1927 гъэм абы и щIыхькIэ къыщызэIуаха гуфIэгъуэ зэIущIэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и къэрал псоми я лIыкIуэхэм зэдэарэзыуэ ар хахащ «Хьэрып усакIуэхэм я эмиру».
ТхакIуэ цIэрыIуэ икIи критик Тахьэ Хъусейн, иужькIэ (1933 гъэм) «Хьэфизрэ Щэукъийрэ» лэжьыгъэр зытхам, а пщыхьэщхьэ гуимыхужым адыгэ щIалэм щхьэкIэ жиIат ар «муслъымэн Мысырым игъащIэ лъан­дэрэ къыщалъхуахэм я нэхъ зэчиифIэ дыдэу икIи Абу-ль-Ала Маари и зэманым къыщыщIэ­дзауэ хьэрып литературэм апхуэдэ усакIуэ къыщымыунэхуауэ». Абы ипэжкIи, 1925 гъэм, хьэрып IуэхухэмкIэ IэщIагъэлI, нэмыцэ Кампсмейр Геирг Мысырым щыIа нэужь, мыпхуэдэу итхыжат:  «Мысырым щыпсэууэ хъуам я бзэгупэм телъщ Щэукъийрэ Хьэфиз Ибрэхьимрэ я цIэхэр»... Ардыдэр щыжеIэ «Мысырым и ныбжьхэр» зыфIища и тхылъым Америкэм щыщ еджагъэшхуэ Холл Том 1928 гъэм Нью-Йорк къыщыдэкIа а тхылъым и иужьрей едзыгъуэм а усакIуитIым фIыкIэ щатопсэлъыхь, инджылызыбзэкIэ езым зэридзэкIауэ я усэхэри тредзэ.
Дунейм ехыжыным илъэс зыбжанэ нэхъ къэмынэжауэ, Щэукъий Ахьмэд драматургием зрет. Пэжщ, псэуху абы усэ тхыни щигъэтакъым. 1932 гъэм фокIадэм къызэ­Iуаха «Аполлон» литературэ хасэм ар и тхьэмадэу хах. УсакIуэ романтикхэр зэзышэлIа а хасэр сэбэпышхуэ хъуащ хьэрып усыгъэм зиужьынымкIэ. Ауэ а IэнатIэм ар пэрытакъым. 1932 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м дунейм ехыжащ «хьэрып усакIуэхэм я эмирыр».
И псэр пытыху Щэукъий Ахьмэд къа­лэмыр игъэтIылъакъым. Езыми гъащIэш­хуэ къыхуэнэжатэкъым, мазищ къудейт зэ­рыпсэужынур, фIыуэ илъагъу и ныбжьэ­гъуфI, усакIуэшхуэ Хьэфиз Ибрэхьим дунейм щехыжам. Ар и гум щIыхьауэ Ахьмэд етх «Хьэфиз Ибрэхьим и лIэныгъэм теу­хуауэ» усэр, гъыбзэ щIыкIэу гъэпсар.
Езыр щымыIэжми, Щэукъий и усэ телъыджэр уахътыншэщ. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа усакIуэм и гъащIэмрэ и псэукIамрэ хъыбар Iэджэ теIукIащ. Аль-Фахьури Хъаннэ зэрыжиIэмкIэ, къару иниплI бгъэдэлъати, а цIыхур адрейхэм яхуэмыдэ ­хъуащ. Япэ къа­рум къежьапIэ хуэхъурт ар хуабжьу зэрыгурыхуэр, абы и фIыщIэкIэ тхэным хуэIэзэ хъуащ. ЕтIуанэ къарууэ бгъэдэ­лъащ зэ зэхихар, зэджар щымыгъупщэжу игу ­ириубыдэфу зэрыщытар. Абы и щхьэм усэрэ уэрэду Iэджэ щихъумэрт. Ещанэу, Ахьмэд щыпсэуа лъэхъэнэм и цIыхут, и усакIуэт. ГъащIэм и къэхъукъащIэхэр куууэ зыхищIэрт. ЕплIанэ къарут зэ­рыгумызагъэр, зыри япэ иригъэщыну зэримыгугъэр. Фыгъуэртэкъым, ауэ хьэрхуэ­рагъ хэлът, зы усакIуи зытримыгъэкIуэну. Арагъэнщ абы щIыхузэфIэкIар мы дунейр къызэрыхъу­рэ сыт хуэдэ зэманми, сыт хуэдэ лъэпкъми къыщыунэхуа усакIуэшхуэхэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщ хъуну.
ЗэфIэкIышхуэ зиIэ адыгэ щIалэр тхэн щыщIидза япэ зэманхэм ахъшэ хуримыкъущэу псэуащ. Абы къыхэкIкIэ хъер къызыпих усэхэр (щытхъукIэ лIыщхьэхэр «щIигъанэу») куэду итхащ. Ауэ абы куэдрэ жиIакъым зи гупкIэ исым и уэрэд. И акъылыр тIыса нэужь, лъэпкъым, хэкум, цIыхубэм яхуэлэжьэныр къалэн зыщищIыжауэ, и къалэмым тхыгъэ хьэлэмэтхэр къыщIэкIащ.
Щэукъий, хьэрып литературэм къыдэкIуэу, Европэм ейри фIыуэ ищIэрт. Псом хуэмыдэу ар дихьэхырт франджы литературэм. Хьэзабым хэту гъащIэм и пэжыр къэлъыхъуэныр къызыхэщ и тхыгъэхэр къапщтэмэ, ахэр зыкъомкIэ ящхьщ Мюссе пэжыр къызэрилъыхъуэм. И лирикэр Ламартин ейм нэхъ хуокIуэ, псалъэ шэрыуэхэр къызэригъэсэбэпымкIэ Лафонтен нэхъ ещхьщ, и драмэхэм Корнель и пьесэ тхыкIэр уигу къагъэкIыж. Ауэ псом хуэмыдэжу Ахьмэд нэхъ пэгъунэгъущ ­Гюго Виктор. Франджы цIыхубэр хуитыныгъэм къэмылэнджэжу зэрыхуриджэм, хъыжьагъэ хэлъу ем зэрыпэщIэувэфым, и лъэпкъыр зыгъэин образ мыкIуэдыжынухэр къызэригъэщIым къадэкIуэу, зи гугъу тщIы франджы тхакIуэм бзэри Iэзэу игъэшэрыуэрт, и усэхэр гъащIэм къыщыхъухэм пэджэжырт. А псоми дихьэхат Щэукъийр. Шэч хэмылъуи, тхакIуэр зэрыщытын хуейм и щапхъэр абы щилъагъурт Гюго Виктор деж.
ЗэхъуэкIыныгъэшхуэхэр дунейм ­къы- щыщыхъу лъэхъэнэм хиубыдащ Щэукъий Ахьмэд. ­И хэкум ирагъэкIын и пэкIэ зэрыпсэуа ­зэманыр, ирагъэкIа нэужь хузэфIэкIар, хэкум къигъэзэжа нэужь и Iуэху еплъыкIэхэм зэрызахъуэжар. Псори зэпэплъыта, зэбгъэпща нэужь, усакIуэм и IуэхущIафэр Iыхьищу зэпыбгъэщхьэхукI ­хъунущ: адрей усакIуэ­хэм запищIыжу щыщытар - зыуэ, тхэ­ кIэщIэм щыхуэкIуар - етIуанэу, и ­ поэ­зием щIэщы­гъуэу зыщиузэщIар - ещанэу.
ГъащIэм и Iейри ифIри, цIыхухэм я псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ къэхъугъэхэмрэ Iуэху­гъуэхэмрэ къэгъэсэбэпауэ, къэгъэлъэгъуэныр Щэукъий нэрыгъ ещI тхэкIэщIэм щыхуэкIуа, и усыгъэм зыщиузэщIа лъэхъэнэхэм. Ущие зыхэлъ, романтикэкIэ гъэнщIа, гумрэ псэмрэ зыхуэпабгъэхэм зыщаузэщIа усэхэм цIыхухэм къыхахын акъыл щагъуэтырт. Апхуэдэ зы усэм («ЩIэныгъэм хущIэкъум») щыщу мы сатырхэр ищхьэкIэ щыжыIахэм я щапхъэщ:

Къэплъыхъуэжу уи пэжыр - утехьамэ уэ гъуэгу,
Къаруушхуэ уимыIэм укъинэнущ утыку.
«ЛIыгъэ зиIэр мурадым лъокI лъэIэсын,
Мис апхуэдэм цIыхубэм и щытхъур лъысынщ.
Псэм фIэфI псори бгъэзащIэу дунейм утемыт,
Уохъу ухыгъэм и гъэр, Iэнэ шхын зытемыт.
УлIэжынущ зэгуэр, ущымыщтэ абы...
Абы хэт щышынами, мэхъу ажалым и пщылI.

Щэукъий Ахьмэд и лъагъуныгъэ лирикэр зэмыплъыфэщ икIи удэзыхьэхщ. Абы зэм щызыхыбощIэ лъагъуныгъэ гуащIэм псэр хьэзаб зэрыхигъэтыр, зэм щызэхыбох гухэлъ дахэ зыIуатэ ныбжьыщIэхэм я макъ насыпыфIэхэр, зэми щыболъагъу нэ­гъуэщI цIыху фIыуэ зылъагъур щхьэжагъуэ хъуауэ гъащIэр фIэмыIэфIыжу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, мы усэхэр: «Сэ сощIэж», «Пагэу ущызблэкIкIэ», «Си гум уихужыркъым», «Пощт маркI», «Махуэхэм я гъащIэр», нэ­гъуэщI куэдхэри. «Пагэу ущызблэкIкIэ» усэм щыщ мы сатырхэр плъыфэ дахэу зэрызэхэджар щыболъагъу:

Уи нэкIухэм, нэхэм зэ Iуплъар
КъэпIейтеинщ телъыджэ укъыфIэщIу,
Жэнэтым къыщыхъунщ иплъа...
Арщхьэ щыуэнщ... НэкIу дыхьэрэнхэр
Жыхьэнмэ мафIэщ къыпщIэнэну.

Лъагъуныгъэ къемыхъулIам цIыхур гуитI­щхьитI зэрищIыр къыхощ «Сэ сощIэж» усэм:

Телъыджэ гуэр дунейм щыслъагъум,
Уэ си гум укъокIыж.
БлэкIар къызодэуэж.
Сопыхьэ, сихьу лъагъуныгъэм -
ПыIэгъуэ симыIэж.
АтIэ хьэзабыр сыт щIэзгъэвыр,
СэркIэ а уи гур мывэм?

ГъащIэм къыщыхъу хабзэщ пщащэр куэдым я гулъытэм щигъэкIыу. «СощIэж» жыхуиIэ усэмкIэ Щэукъий фIыуэ илъагъуу щыта хъыджэбзым ирехъуэныж ар къызэрепэгэкIар:

БлэкIащ щIэщыгъуэу гъащIэр щыдгъэкIуар,
ПщIэжын зэгуэрым къысхуэкIуауэ тхьэ?

Сыныпхуэзамэ, уи напIэр епхьэхауэ,
СумыцIыхужу фэ зытыбогъауэ.
Гулъытэ куэдым уэ ущагъэкIащ,
ЗыкъыпфIэщIыжри, къаплъэнэф ухъуащ.

Щэукъий Ахьмэд и IуэхущIафэм, лэжьыгъэм увыпIэшхуэ щеубыд дунейм и теп­лъэр, и къэхъукъащIэхэр, и хъугъэхэр, псэ зыпытым яхуэдэу, къэгъэлъэгъуэным. Абы къилъытэрт Iущыгъэшхуэ хэлъу дунейр зэтегъэувауэ икIи дунеягъэм и «щIыкIэ-ухуэкIэ» хъуар къызэриIуэтэным пылът.
Щэукъий Ахьмэд, ищхьэкIи зэ­ры­щы­жытIащи, усэ тхыныр и къалэн нэхъыщхьэу ибжырт, псэухуи нэхъыбэу аращ зыхуэлэжьар. Ауэ абы къыщIэнащ пьесэфI зыбжани. Ар щыпсэуа лъэхъэнэм Мысырым и драматургиер къыкIэрыхурт. Академик Крачковский И. Ю. и «Тхыгъэ къыхэхахэм» (Мэзкуу - Ленинград, 1956 гъэм, ещанэ том) щетх: «ЕщэщIанэ гъэхэм усакIуэшхуэ Щэу­къий Ахьмэд аргуэру зэ къигъэщIэрэщIэжыну хуожьэ классикэ нэпцIыр зи ­щапхъэ трагедиехэр; хьэрып, мысыр пасэрей гъащIэм къыхихауэ абы итхащ пьесэ зыбжанэ («Клеопатрэ», «Камбиз», «Меджнун»­, «Анда­лу­сием и тепщэ гуащэ», нэгъуэщIхэри); иджыри къэс тепщэгъуэр мысыр литературэм щызыIыгъ классикэм тету усэ зэ­щIэ­жьыуэхэмкIэ тха зэры­хъуам къыхэкIыу ахэр хьэрып тхылъеджэхэм хуабжьу ягу ирохь».
Дунейм ехыжыным мазэ зыбжанэ нэхъ­ имыIэжу Ахьмэд и «лъым и джэ макъ» зэхех, икIи къызыхэкIа и адыгэ лъэпкъым хуэфэщэн гуэркIэ етэну лэжьыгъэм зрет. НэхъапэIуэкIэ итха «Алий-бек Щэджащэр, е Мамлюкхэм я къэралыгъуэр» пьесэр, щищIалэгъуэм къемыхъулIауэ къилъытэр, щIэрыщIэу иузэщIыжыну йотIысылIэ. ПIэ­хэнэу зэрыщытым хуэдэу, усакIуэ сымаджэр илъэс ныкъуэкIэ псэхугъуэ имыIэу лэжьащ, и тхыкIэкIи, и щIыкIэкIи пьесэр зэрихъуэкIыжу, иригъэфIакIуэу.
Пьесэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр Каир, Акъ­къэ, Силихьийе къалэхэм щокIуэкI. Ар топсэлъыхьыж адыгэ мамлюк ­СулътIан Алий-бекрэ абы и телъхьэ хъуахэмрэ Уэсмэн пащ­тыхьыгъуэм и бийуэ зыкъаIэту текIуэныгъэр къызэрахьам, Мысырыр хуит къызэращIыжам. Апхуэдэу абы къыхощыж Алий-бек и ­малъхъэ Мухьэмэд Абу-Зэхьабрэ мамлюк  ­Мурад-бекрэ къызэрепцIыжар. Тхыдэ ­«къуэпс» кIуэцIрышам къещIэкIауэ, къыIущауэ драмэм дыщрохьэлIэ лъа­гъуныгъэ, щхьэхуещэ Iуэхухэми. Псалъэм папщIэ, гу­къинэж къыпщохъу Мурад-бекрэ гъэр цIыхубз Амалрэ я лъагъуныгъэр. А ­лъагъуныгъэр къызэщIэстурэ, зэуэ къызэ­поуд - фIыуэ зэ­рылъэгъуахэр зэдэлъхузэшыпхъуу къыщIокI.
Мы тхыгъэм наIуэ къищIащ Щэу­къий Ахьмэд къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэми и псэукIами фIыуэ щыгъуазэ цIыхуу зэрыщытар. Абы адыгэхэм я шыфэлIыфэр IупщIу дегъэлъагъу, лъэпкъым и хьэл-щэныр, и псэукIамрэ и зэхэтыкIамрэ ди ­нэгу щIегъэкI. Апхуэдэуи тхакIуэшхуэм ибзыщIакъым мамлюк къэралыгъуэми лей щызекIуэу, гъэпцIагъэ щызэрахьэу зы зэман къызэрекIуэкIар.
Хьэрып усыгъэм и дахапIэр къэзыгъэ­щIа усакIуэшхуэм мы тхыгъэр и ехъу­лIэ-­­
ныгъэшхуэу къабжащ ар фIыуэ зылъа­гъу­хэм. Абыхэм къалъытащ ар усыгъэм и телъыджэу, Iэзагъышхуэ хэлъу гъэпсауэ.
Щэукъий Ахьмэд и драмэхэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ цIыхур зэрыщытын  хуейр, абы и хьэл-щэн нэхъыфIхэр - акъы­лыфIагъыр, пагагъыр, лIыхъужьыгъэр, хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейр, хуитыныгъэр хъумэным, пщылIыпIэр гъэкIуэдыным яIэ мыхьэнэр, нэгъуэщI куэди.
Хьэрып драматургием и «адэу» Щэу­къийр игъащIэкIэ щытынущ, сыту жыпIэмэ, иджырей театрым хуэлэжьэн ар ищIащ, пасэрей фащэжьыр щихри, къэунэху гъащIэм екIун «щыгъын» щитIэгъащ.
Аль-Фахьури Хъаннэ «хьэрып усакIуэхэм я эмирым» мы дунейм щиубыд увыпIэр щиубзыхукIэ жеIэ: «Ар цIыху щэджащэщ, абы къыщымынэжу, Тхьэм псом я лейуэ хиха усакIуэщ, дунейм усакIуэшхуэ дыдэу къытехъуахэм нэхърэ мынэхъ цIыкIуу, ауэ и зэчийм щыщ куэд абы пщIэншэу игъэкIуэдащ зы­хуейр итхыну щыхуимыта лъэхъэнэм».
МыкIуэдыжын образхэр, усыгъэ хьэ­лэмэтыщэхэр зи къалэмым къыщIэкIа тхакIуэр дуней псом къыщацIыху. Къуэ­кIыпIэ Гъунэгъум уей-уей щыжезыгъэIа, хьэрып усыгъэр къэзыгъэщIэрэщIэжахэм ящыщ зы, тхакIуэхэм я щапхъэ хъуа, ноби куэдыр зыдэплъей усакIуэшхуэщ Щэукъий Ахьмэд. Абы и усыгъэхэр мыкIуэдыж фIыгъуэу игъащIэкIэ яIэнущ Мысырым ис цIыхухэм. Захъуэжынщ зэманми дунейми, къызэкIэлъыкIуэнщ щIэблэщIэхэр, ауэ зэи къэхъункъым поэзие нэсым, Щэу­къий Ахьмэд къыбгъэдэкIам, хьэрыпхэр димыхьэхыжу, и хэкуэгъухэм яфIэмыIэфIу.

 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Поделиться:

Читать также: