Къэралым и чемпионатым ирагъэблагъэ

БэнэкIэ хуит

Хасавьюрт къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри.
 
Зи хьэлъагъыр килограмм 74-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм етхуанэ увыпIэр щиубыдащ Къумыкъу Абдар-Рахьман. Апхуэдэ дыдэ зэфIэкI зыIэригъэхьащ килограмм 61-рэ зи хьэлъагъ ГъущIо Алими.
Зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ ди щIалитIри ирагъэблэгъащ Урысейм и чемпионату мы гъэм бадзэуэгъуэм екIуэкIынум. Ар щызэхэтыну щIыпIэр зэкIэ траухуакъым.

 

 

 

 

 

 

Къумыкъу Абдар-Рахьман.

ГъущIо Алим.

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться:

Читать также: