Щэбэтыкъуэхэ я щIэблэДи газетым дыщытетхыхьауэ щытащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, балеринэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ. «Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ» жыхуиIэращ адыгэми, и гугъу тщIыну чэзур къылъысащ Юлианэ и IэщIагъэр къыхэзыхыжа ипхъу Изабеллэ. Хъыджэбзыр къыщыхъуа унагъуэм щэнхабзэм емыпха яхэту къыщIэкIынукъым: абы и адэшхуэр РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Музыкэ театрым и дирижёр нэхъыщхьэу икIи художественнэ унафэщIу щыта Щэбэтыкъуэ Натбийщ, и адэр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Щэбэтыкъуэ Заурщ (пианистщ), и анэшхуэр фортепианэмкIэ егъэджакIуэщ, и анэшыпхъур пианистщ, и анэрщи, зэрыжытIауэ, балеринэщ. Изабеллэ занщIэу балетыр къыхихакъым, япэ щIыкIэ фортепианэм зыхуигъэсэну музыкэ школым щIэтIысхьащ. И гурыхуагъымрэ и гъэсакIуэ Титовэ Людмилэ и чэнджэщхэмрэ я фIыгъэкIэ Изабеллэ программэ нэхъ гугъухэри зригъэхъулIэу, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм япэ увыпIэхэр къыщихьу иригъэжьат. Абыхэм къадэкIуэу, Изабеллэ димыгъэхуу еплъырт и анэм и спектаклхэми. Къэбгъэлъагъуэмэ, Юлианэ балетым тегъэщIауэ и пхъум дэлэжьэн щыщIидзар ар илъэси I0 хъуа нэужьщ. Иджыпсту Изабеллэ Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым къафэмкIэ и къудамэм и етIуанэ курсым и студентщ. Абы и пэ къиухащ КъБР-м и Музыкэ театрым и балетмейстер нэхъыщхьэ ПащIэ Рамед и студиер. 20I9 гъэм щегъэжьауэ Щэбэтыкъуэ Изабеллэ Музыкэ театрым и артисткэу мэлажьэ. Нэгъабэ абы и сольнэ къафэр япэу утыку кърихьащ. «КъуэкIыпIэ псысэхэр» балетым Изабеллэ Будур пащтыхьыпхъум и партиер щигъэзэщIэну хуагъэфэщат. Таурыхъым къыхэщыж пащтыхьыпхъур нэхутхьэхут, дыгъэ шырым палъыт пщащэти, Изабеллэ дежкIэ гугъу хъун хуейтэкъым а ролыр - ар езыр абы зэрыхуэбгъэдэнщи. - ПащIэ Рамед фIыщIэ зэпымыууэ хузощI, си зэфIэкIым шэч къытримыхьэу утыкум сыкъэзэрыригъэхьам щхьэкIэ. Абы и фIыщIэкIэ сэ езыр псысэм сыкъыщыхутащ, - жеIэ Изабеллэ. - Апхуэдэуи къыхэзгъэщыну сыхуейт зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, сыткIи къыздэIэпыкъуа си гъэсакIуэхэу Чуякъуэ Юрий, Хьэкъул Анжеликэ сымэ. Абы и лъэныкъуэкIэ хэзгъэкIуэдэну сыхуейкъым си анэм къысхуищIари. Ди лъахэгъу, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ Санкт-Петербург Филармонием и балет труппэм и режиссёр нэхъыщхьэ Къалэ Мурат 202I гъэм Щэбэтыкъуэ Изабеллэ иригъэблагъэри, мазищкIэ къыдэлэжьащ, колледжым и щIэныгъэм дистанционнэу зэрыпищэм хуэдэу. АрщхьэкIэ хъыджэбзым и гур и лъахэмкIэ щыIэт, ди хабзэхэмрэ цIыхухэмрэ пэIэщIэ защищIыфынутэкъыми къигъэзэжащ, адэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым балет утыкур «къыщихьэхун» мурадыр иIэу.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
|