Псыпэ ГъащIэр лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэрызэхэлъым ещхьу, бгъэдыхьэкIэ зыбжанэкIэ утепсэлъыхь хъунущ КIыщокъуэ Алим и къекIуэкIыкIамрэ и дуней тетыкIамрэ. А лIы щэджащэр уэ хьэрычэт щIы, сэ берычэт хэслъхьэнщ жызыIэ Алыхьталэм и псалъэхэм тету къызэрыгъуэгурыкIуам щыхьэт тохъуэ абы къызэпича гъуэгуанэ узыншэр икIи, Тхьэм и шыкурщи, гъуэгуанэшхуэр: абыи хьэзыру уафэм зыри къыхурадзыхакъым - хуэфащэпсу Алыхьыр къызыхуэупсахэм ящыщти, гъуэгур убзыхуа хъуащ. «Зы хьэрфыр зы былым уасэ щыхъуну зэман къэкIуэнущ» жызыIэрейуэ щыта Пщымахуэ, Алим и адэм, и псалъэ пэжхэр зриIуэкIыр и жылэгъухэм я закъуэтэкъым - абы щIипIыкIырт и бынхэри. Алимрэ абы къыдалъхуахэмрэ я сабиигъуэр зыхиубыда лъэхъэнэм «хьэрфыр былым уасэм пащIу» зэман къызэрыхъунур мэкъумэшыщIэхэм я фIэщ пщIын щхьэкIэ, дамэкъуэ куэд пкъутэн хуейт. Ауэ а гугъуехьми къиухуакъым Алыхьым и ФIыцIагъэри зыIэщIэлъ урыс тхылъри зыIэпылъ КIыщокъуэ Пщымахуэ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 09:00 →
НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 →
НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 →
НОБЭ
05.05.2024 - 10:00 →
Хьэршым зыщызыгъэкIэрахъуэ уафэщI жьэражьэ
03.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
|