ХущхъуэкIэ защIегъакъуэЗи ныбжь хэкIуэтахэр сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуэныкъуэщ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий Налшык къалэм дэт жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я унэм щыпсэухэм защIигъэкъуащ. Депутатым видеокIэ унэ-интернатым и унафэщIхэм запищIэри, нэхъ зыхуэныкъуэхэр зригъэщIащ. Хущхъуэ лIэужьыгъуэ пщIы бжыгъэм щIигъу абы яхуригъэшащ, языныкъуэхэр Москва къригъэшри. Апхуэдэуи нэхъыжьхэр зэрызахъумэжыну IэмалхэмкIи къызэригъэпэщащ: я Iэхэр зэрагъэкъэбзэнухэр, нэкIуIупхъуэхэр, Iэлъэхэр иригъэшащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|