Хьэпшыпхэр хуашащКъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам я пашэу республикэм и дохутыр гуп иджыблагъэ щыIащ Херсон областым и медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм. IэщIагъэлIхэм зрагъэлъэгъуащ Краснэ, Лазурнэ, Новониколаевкэ къуажэхэм дэт амбулаторэхэмрэ Владимировкэ жылэм дэт ФАП-мрэ. Апхуэдэу ахэр щыIащ Скадовск дэт район сымаджэщым, абы мы гъэм и гъатхэпэ мазэ лъандэрэ ди щIыналъэм щыщ анестезиолог-реаниматолог гуп щолажьэ. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ Михайловкэ къуажэм ди республикэм щригъэухуа амбулаторэм. Скадовск муниципальнэ щIыналъэм и унафэщI Дудкэ Александр и гъусэу тепсэлъыхьахэщ абы щыпсэухэм япэ медико-санитар дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыратым, я узыншагъэр къэпщытэнымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм. Къалэбатэ Рустам къыхигъэщащ IэнатIэр зэпэщу зэтеувэжынымкIэ ди республикэр сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу зэрыхъунур, зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр зэрыхуагъэкIуэнур.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
|