Уэм зэрыпэщIэт Iэмалхэр2020 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахащ пшэ гуэрэнхэр зэрызэкIэщIаху, уэм зэрыпэщIэт топхэр здэщыт щIыпIэу 7. НобэкIэ республикэм апхуэдэ щIыпIэу 37-рэ иIэщ. Абыхэм псоми зэхэту уэм ирищахъумэ гектар мин 481,4-рэ.
КъэкIыгъэхэмрэ гъавэмрэ уэм щыхъумэным республикэ бюджетым къыхэкIыу трагъэкIуадэ ахъшэм илъэс къэс хагъахъуэ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2024 гъэм а Iуэхугъуэхэм хухахынущ сом мелуан 40, ар сом мелуани 10-кIэ нэхъыбэщ блэкIа илъэсым абы трагъэкIуэдам нэхърэ.
Ди щIыналъэм уэр куэду къыщыщехыр гъатхэ, гъэмахуэ зэманырщ. Абы къыхэкIыу, Кавказ Ищхъэрэм уэм пэщIэтынымкIэ и топгъауэ къулыкъум къызэритамкIэ, уэлбанэшхуэм къыздихь къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм зэрапэщIэтыным топхэр хуагъэхьэзыракIэщ.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
06.05.2024 - 16:09 →
ЦIыхум зезыгъэузэщI
06.05.2024 - 15:22 →
Сом меларди 3,3-рэ хухах
06.05.2024 - 15:17 →
Адыгэбзэр зыгъэшэрыуа тхьэмадэ
|