Суздаль къалэм щытокIуэ

 

Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Суздаль къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 зи ныбжьхэр - къэралым и щIыналъэ 62-м я бэнакIуэ 600-м щIигъу.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм ящыщу зэхьэзэхуэм хэтахэм дыщэ медалищ абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ ХьэщIэлI Нурдин (кг 35-рэ), Къудей Арсен (кг 73-рэ), Лыфыщ Рустам (кг 62-рэ) сымэ.

         Аджырэ Залым, Нэгъуей Азэмэт, Елъчэпар Мурат, Темырчы Темырлан сымэ абыхэм я гъэсакIуэщ.

                                                         НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

 

 

Поделиться: