Ласицкене Марие нобэ етIуанэщ

 

                   Урысейм атлетикэ псынщIэмкIэ и щIымахуэ чемпионат иджыблагъэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. А лIэужьыгъуэмкIэ къэралым щынэхъ лъэщ дыдэхэр щызэхуэсат атлетикэ псынщIэмкIэ ЦСКА-м щхьэ зытелъ и спорт комплексым. Абыхэм яхэтащ дуней псом щыцIэрыIуэ, Олимп джэгухэм я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Ласицкене (Кучинэ) Марие.

ЛъагапIэхэм елъэнымкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм ди лъахэгъу бзылъхугъэм а пщыхьэщхьэм япэ увыпIэр къихьын хузэфIэкIакъым. Абы къытекIуащ Псков областым щыщ Спиридоновэ Наталье. Илъэс 18 зи ныбжь хъыджэбзым хузэфIэкIащ метритI зи лъагагъ елъапIэм щхьэпэрылъын. Мы гъэм ар дуней псом къыщащтэфа ещанэ лъагапIэщ. Ласицкене Марие метр  1,93-м къыщыувыIащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьащ мэзкуудэс Слеповэ Дарьи икIи Марие хуэдэу, абыи дыжьын медалыр иратащ.

«Нобэ къэзгъэлъэгъуа зэфIэкIым арэзы сыкъещI. Илъэсым зэрыщIидзэрэ нобэ нэхърэ нэхъ лъагэу сыдэлъеякъым. ЗызэщIэскъуэжу ещанэ епкIэгъуэм метр 1,93-рэ къызэрысщтар нэхъыщхьэщ иджыпстукIэ.

СытекIуэфIакъым, ауэ апхуэди спортым къыщыпхуохуэ, къыспэщIэта хъыджэбз цIыкIухэр нобэ лъэщащ, Спиридоновэ Наталье нэхъ лъэщыжщ. Спорт утыкум зэныкъуэкъур нэхъыбэ щыхъуащ», - яжриIащ Ласицкене журналистхэм зэIущIэ нэужьым. 

 

                                         НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

 

 

Поделиться: