ЗэманыщIэм хуэгъэпса Iуэху еплъыкIэ лъэщхэрКавказ Ищхъэрэм и IуэхущIапIэхэу зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ ерыскъыхэкIхэр, хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкIхэр, Урысейм и сату щIапIэ утыкухэм жыджэру зыкъыщызыгъэлъагъуэхэр дэIыгъыным куэдкIэ елъытащ щIыналъэхэм къакIуэ туристхэм я куэдагъым къыхэхъуэныр. «Кавказ.РФ»-м и унафэщI Юмшанов Андрей ар иджыблагъэ щыжиIащ Мыхьэнэшхуэ зиIэ жэрдэмхэр дэIыгъынымкIэ агентствэм къызэригъэпэща, «ЗэманыщIэм хуэгъэпса Iуэху еплъыкIэ лъэщхэр» фIэщыгъэр зиIа зэIущIэм. Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм и экономикэм зиужьын папщIэ зытегъэщIапхъэ хэкIыпIэхэмрэ япэ игъэщыпхъэ къалэнхэмрэ. Курортхэр ухуэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ къыдэкIуэу, IэнатIэм щыпашэхэм я гъусэу корпорацэм ипэкIэ егъэкIуатэ хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ хэтхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIа пэхуэщIэхэр. «Псом япэ идгъэщыр бгым лыжэкIэ къежэхыным хуэщIа, цIыхухэр дэзыхьэх нэгъуэщI курортхэрщ, абы къыхэкIыуи ди плъапIэр Кавказым и курортхэр къэралым и цIыху нэхъыбэм къедгъэцIыхунырщ, нэгъуэщI щIыпIэхэм щымыIэ ди Iуэхутхьэбзэхэмрэ продукцэхэмрэ хэIущIыIу тщIынырщ, турист нэхъыбэ щIыналъэхэм къетшэлIэнырщ», - къыхигъэщащ Юмшановым. «Кавказ.РФ»-мрэ «Роскачество»-мрэ зэгъусэу нэгъабэ программэ ирагъэжьащ, щIыналъэхэм я IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкI продукцэхэм яIэ фIагъым ехьэлIауэ къэпщытэныгъэхэр, езыхэми я арэзыныгъэ хэлъу, ирагъэкIуэкIыу, хуэфащэ сертификатхэр абыхэм ятыныр. Ар ядиIыгъауэ щытащ УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм. А программэм и фIыгъэкIэ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щылажьэхэм я продукцэхэр ипэкIэ ягъэкIуэтэфынущ, къэцIыхугъуафIи хъунущ. НобэкIэ, къыщIагъэкI продукцэхэм яIэ фIагъыр кърагъэпщытэну, «Кавказым къыщыщIагъэкIащ» дамыгъэхэр къытрагъэгъэувэну апхуэдэ лъэIухэр ятащ КИФЩI-м и IуэхущIапIэ 57-м. «Программэр зэIухащ икIи дэтхэнэ зыри къыхыхьэ хъунущ. Абы и къалэн нэхъыщхьэу щытыр продукцэм иIэ фIагъым щыхьэт техъуэн закъуэркъым атIэ, ар къыщыщIагъэкIа щIыпIэри абы епхынырщ. Мыхьэнэ зиIэщ езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ я продукцэхэр кърагъэпщытэну КИФЩI-м щыщу япэу захуэзыгъазэ IуэхущIапи I00-м абы щхьэкIэ пщIэ зэрыщIамытынур. Мэкъумэш продукцэхэм, ухуэныгъэ материалхэм, нарзаныпсхэм къадэкIуэу, сертификатхэр иратащ лъэпкъ IэпэIэсэхэми - хьэпшып телъыджэхэр, нэгъуэщI щIыпIэхэм узыщримыхьэлIэнухэр зи IэдакъэщIэкIхэм. ЩIыналъэхэм щагъэхьэзыр продукцэхэр къэралым хэIущIыIу щыщIыным фIы куэд кърокIуэ, псом хуэмыдэу, щIэупщIэшхуэ яIэ мэхъу хьэпшып хьэлэмэтхэм», - къыхигъэщащ Юмшанов Андрей. Апхуэдэуи «Кавказ.РФ»-р хэтщ Мыхьэнэшхуэ зиIэ жэрдэмхэр дэIыгъынымкIэ агентствэм иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэми. КИФЩI-м щыщу абы мы гъэм хэтыну лъэIуахэр хуэдищкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ елъытауэ. Къыхэгъэщыпхъэщ «Кавказым къыщыщIагъэкIащ» программэм хэтхэм я нэхъыбэри мыбы къызэрыхыхьар. Абыхэм яхэтщ кIэртIоф къэзыгъэкIхэр, фо щIэзыхухэр, шэм елэжьхэр, напэщыхуэхэр зэхэзылъхьэхэр, унэлъащIэ зыщIхэр, вакъэ, щыгъын, зыдхэр, щэкIхэкIхэм елэжьхэр, нэгъуэщIхри. БАТОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
09.05.2024 - 13:09 →
ЦIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ
09.05.2024 - 13:08 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур
09.05.2024 - 12:07 →
Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
|