СыткIи дэIэпыкъуэгъу хъунущКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щылажьэ «Къуажэ ипотекэ» программэмкIэ унагъуэ 625-м республикэм и щIыналъэхэм, жылэхэм щIы къыщащэхуащ. Апхуэдэ ахъшэу сом зы мелардрэ ныкъуэрэ итащ банкым. А Iуэхум зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, Россельхозбанкым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и чэнджэщэгъу Филимонов Георгий, Банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iэтащхьэ Сокъур Алим сымэ щызэхуэзам. Россельхозбанкыр жыджэру иужь итщ къуажэхэм щIы, унэ, лъапсэ къыщащэхун пап- щIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зи гъусэ ипотекэ ахъшэ щIыхуэ цIыхухэм етыным. 2023 гъэм а программэмкIэ банкым ахъшэ щIыхуэу итащ сом мелуан 325-рэ, абыкIэ унэу 105-рэ къащэхуащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 11:00 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
|