Пушкиныр Къулъыкъужын Ипщэм «щохьэщIэ»Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Тхылъ псэу» тхылъаджэхэм я клубым и зи чэзу зэIущIэ. Иджырей пшыхьыр траухуат урысей тхакIуэ цIэрыIуэ Пушкин Александр и «Пиковая дама» (Цыхубз фIыцIэ) IэдакъэщIэкIым. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зэхаша зэIущIэр щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну икIи удихьэхыу екIуэкIащ икIи ахэр зыщIэса пэшыр Пушкин Александр и таурыхъхэм къытращIыкIа сурэтхэмкIэ ягъэщIэрэщIат. ЕджакIуэ цIыкIухэм пшыхьым щагъэлъэгъуащ «Пиковая дама» повестым къытращIыкIа теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр, иужькIэ псори зэгъусэу тепсэлъыхьащ тхакIуэ цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкIым, ар зытеухуам, езыхэм къазэрыщыхъуам, абы гупсысэу хэлъым. Пушкин Александр и тхылъым тепсэлъыхьын щагъэта нэужь пшыхьыр игъэдахэу къызэхуэсахэм я пащхьэм уэрэд зыбжанэ щыжиIащ Налшык къалэм дэт КъБР-м МэкъамэмкIэ и къэрал театрым и уэрэджыIакIуэ Абей Рустам. Абы игъэзэщIахэм ящыщщ Рахманинов Сергей и «Алеко» оперэм и уэрэд пычыгъуэмрэ Пушкин Александр и «Цыджанхэр» поэмэм къытращIыкIа уэрэдымрэ. Пшыхьыр зэхуащIыжу къызэхуэсахэм ягъэзэщIащ тхакIуэ цIэрыIуэ Чехов Антон и «Драма на охоте» повестым къытращIыкIа «Мой ласковый и нежный зверь» кинофильмым хэта вальсымкIэ. «Тхылъ псэу» тхылъаджэ клубым и дамыгъэ лъапIэхэр иужьым иратащ пшыхьым жыджэру хэта еджакIуэ цIыкIухэм. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
|