ЗэпыщIэныгъэ щхьэпэБакулев А. Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр Налшык къалэм щыIащ икIи сымаджэхэм я щытыкIэр къапщытащ. КIэлъыплъыныгъэм кърикIуам ипкъ иткIэ, дохутырхэм адэкIэ яубзыху абы игъуэтын хуей Iэзэгъуэр зыхуэдэр, кардио-хирургие дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэр езы центрым ягъакIуэ. Мыпхуэдэ зэдэлэжьэныгъэр хабзэ хъуауэ, 2017 лъандэрэ ирагъэкIуэкI. А лъэхъэнэм къриубыдэу ди щIыналъэм и цIыху куэдым я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэжащ центрым. IэщIагъэлIхэм къэкIуэгъуэ къэс нэхъапэкIэ езыхэм операцэ ящIауэ щытахэми я щытыкIэр зыхуэдэр зрагъащIэ, адэкIэ зэрызыкIэлъыплъыжыну чэнджэщхэр ират. - Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ сымаджэхэм къэрал клиникэм зэрыкIуэн квотэ е тхылъыр зэман кIэщIым къриубыдэу къыщыдахэф щIыналъэ закъуэтIакъуэхэм, - жиIащ Бакулев А.Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и кардиолог Къэнэмэт Теймураз. – ЛъэныкъуитIым ди зэпыщIэныгъэхэм щхьэпагъ иIэу къызолъытэ, сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу дазэрыхуэхъум къищынэмыщIауэ, центрымрэ щIыналъэм и Кардиодиспансерымрэ я IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зохъуажэ. Бакулев А.Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэм къыхагъэщащ республикэм и Кардиодиспансерым и дохутырхэм сымаджэхэм я узыр къэхутэнымкIи гъэхъужынымкIи зэфIэкI лъагэхэр зэраIэр. Москва къикIа IэщIагъэлIхэр Налшык махуитIкIэ щыIащ, абыхэм цIыхуи 150-м нэблагъэм я узыншагъэр къапщытащ. ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 11:00 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
|