|
Тхыдэ
19 мая, 2023 - 11:33
Абрамов Яков и «Кавказ бгырысхэр» лэжьыгъэр япэ дыдэу къытрадзащ 1884 гъэм къыдэкIа «Дело» журналым и 1-нэ номерым, иужькIэ тхылъ щхьэхуэуи дунейм къытехьащ. Урыс пащтыхьыгъуэм ХIХ лIэщIыгъуэм и 60 - 80 гъэхэм Кавказым щригъэкIуэкIа политикэм кърикIуэу бгырыс лъэпкъхэм я лъахэр къабгынэныр къызыхэкIамрэ абыхэм я щэнхабзэр зэрыкIуэдамрэ пэжым тету къыщыгъэлъэгъуащ абы. КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф а тхыгъэм щыщ пычыгъуэ зэридзэкIауэ щытащ. Абы щыщ Iыхьэхэм фыщыдогъэгъуазэ.
Япэ Iыхьэ
18 мая, 2023 - 14:12
ЦIыхум и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэрызэрыIыгъым хуэдэу, зэгуэр адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ 12-ри зэнэзэпсэу псэуащ. Урыс пащтыхьыгъуэм кърищIылIа зауэм ахэр илъэси 101-кIэ (1763 - 1864) хэтащ, тхыдэджхэм къызэралъытэмкIи, апхуэдиз хьэзаб зышэчыфа нэгъуэщI лъэпкъ щыIэкъым. Зауэм лъэпкъыр зэбгридзри, дунейм трикъухьыжащ. Абыи емылъытауэ, нобэ, илъэси 159-рэ дэкIыжа нэужьи, адыгэм я щIэблэр дунейм дытетщ.
17 мая, 2023 - 10:31
Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ.
Ди хабзэм и фащэ нэхъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэзэщIэныр. Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр имыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ.
17 мая, 2023 - 09:09
1769 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м (иужькIэ дыгъэгъазэм и 9-м ядзыжащ), Георгий щихъым и махуэм ирихьэлIэу, пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ къаублауэ щытащ Георгий щихъым и орденыр яту. Дызэрыщыгъуазэщи, офицерхэр зэрагъэлъапIэ дамыгъэхэм я нэхъыщхьэ дыдэр аращ. Ар зрату щытар зауэм лIыгъэкIэ къыхэщхьэхукIа, къэралым хуэщхьэпэн чэнджэщ зыта офицерхэр, генералхэр, дзэпщхэр арат.
16 мая, 2023 - 12:00
Урыс-Кавказ зауэ (1763 - 1864 гъэхэм)
15 мая, 2023 - 10:33
Пасэрей тхыдэжьым ипэжыпIэкIэ зэхэтхыкIарэ, лъэхъэнэжьым къыщекIуэкIа щIэныгъэхэм я щэху хъумапIэу библиотекэ телъыджэхэр зэрыщыIам щыхьэт техъуэ хъыбархэмрэ дэфтэрхэмрэ къэсыжащ нобэм. Александрие библиотекэм и закъуэкъым дуней псом щыцIэрыIуэу ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIар. Апхуэдэщ урыс пащтыхьышхуэ Иуан Ябгэр дунейм ехыжа нэужь уэхбзэх хъуа тхылъ телъыджэхэр.
11 мая, 2023 - 12:54
Щолэхъу пщы телъыджэу зэрыщытамрэ, пащтыхьым пэжу зэрыбгъэдэтамрэ теухуа тхыгъэ гъуэзэджэхэр щыIэщ. Абы и адэ Щэнджэлей 1624 гъэм дунейм ехыжати, илъэс нэхъ дэмыкIыу, пащтыхь Михаил Федорович и унафэкIэ, Тэрч къали абы и гъунэгъу слабодахэми щыпсэу лъэпкъхэм япщу игъэуващ, и адэм пщIэшхуэ хуащIу, къулыкъур фIыуэ зэрихьэу зэрыщытар къилъытэри.
Щолэхъу пщы къулыкъур къэбэрдейхэми, шэшэнхэми, ингушхэми я деж щызэрихьэну, пащтыхьым и унафэр щигъэзэщIэну, зауэм ишэну, тэрч дзэзешэхэр зэригъэкIуэну и пщэ къыдэхуащ.
11 мая, 2023 - 07:00
Мусалы теухуа хъыбархэм япэ дыдэ дыщрихьэлIэр 1630 гъэрщ - щIышылэм и 20-м ар Къамболэт Пщымахуэ лIыкIуэу Астрэхъан дзэпщым деж щигъэкIуарщ. Абы и пщэ иралъхьа Iуэхур зэфIэзыгъэкIын лIыкIуэу щытыфын хуэдэу хыхьэхэкI а зэманым иIауэ къыщIэкIынущ Мусалы.
1630 гъэхэм Черкасскэхэ ящыщ Мусалы и къуэшхэми Астрэхъан щащэу щытащ Кавказ щIыбым къраша шылэ щэкI, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. А хьэпшыпхэм я уасэр сом щищым нэблагъэмэ, пошлинэ ятырт. Тэрч къалэми хьэпшыпу сом щитI и уасэ щащэрт, пошлинэ щхьэщатыкIыурэ. Ари пащтыхь унафэт.
4 мая, 2023 - 07:53
Адыгэ лъэпкъым и цIыху щэджащэ Къэзанокъуэ Жэбагъы (1665 -1750) Кавказ псом щыцIэрыIуэщ. Абы и шыфэлIыфэр («Сказания о Жабаги Казаноко» лэжьыгъэм щыгъуазэ дыщохъу) лъэпкъ куэдым я IуэрыIуатэм хыхьащ, лIыхъужьыгъэм, захуагъэм я нэщэнэу.
3 мая, 2023 - 07:00
Черкасскэ Щэнджэлей и къуэ еплIанэ Мусалы 1636-1661 гъэхэм пщыгъуэр иIыгъащ. Пащтыхь Михаил Федоровичрэ Алексей Михаиловичрэ я тетыгъуэм ирихьэлIэу Урысейм и ипщэ къэрал гъунапкъэхэм щекIуэкIа зауэхэм хэтащ къэбэрдеипщыр, кърымхэмрэ нэгъуейхэмрэ япэщIэту. КъищынэмыщIауэ, пащтыхьым и цIэкIэ бгырыс лъэпкъхэм дипломатическэ зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIэу, дзыхь къыхуащIу щытащ.
Страницы
|