Тхыдэ

Къаруушхуэм пэлъэща бзаджагъэ

Мы гъэм илъэс 315-рэ ­ирокъу Къэнжал зауэм къэбэрдейхэм текIуэныгъэр къызэрыщахьрэ. 1708 гъэм мини 10 фIэкIа мыхъу адыгэдзэм мин 60 - 70-м хуэдиз кърымыдзэм кIэ иратауэ щытащ. Дауи, а Iуэхугъуэр икъукIэ гъэщIэ­гъуэнщ икIи а лъэхъэнэм Къэбэрдеймрэ Кърымымрэ яку дэлъа зэбииныгъэмрэ зауэмрэ нэхъ нэIуасэ захуэтщIын папщIэ зыхуэдгъэзащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ и институтым и лэ­жьакIуэ Къущхьэбий Анзор.

Зэманым наIуэ къищIащ

Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэхэм я щхьэм кърикIуам тетхыхьыжащ тхыдэдж, щIэныгъэлI, тхакIуэ куэд. Абыхэм ящыщ зыщ публицист, журналист Абрамов Яков. Урыс пащтыхьыгъуэм ХIХ лIэщIыгъуэм Кавказым щригъэкIуэкIа политикэм кърикIуэу бгырыс лъэпкъхэм я лъахэр къабгынэныр къызыхэкIамрэ абыхэм я щэнхабзэр зэрыкIуэдамрэ пэжым тету абы и лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуэжащ. Абы щыщ пычыгъуэ фыщыдогъэгъуазэ.

Уэркъыр быдэнкIэ Iэмал иIэкъым

  Абхъазым и лIыхъужь, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнбэч дызэрыт зэманым Абхъаз университетым щрегъаджэ. Лекцэхэм яз теухуат Кавказым уэркъ хабзэм зэрызыщиубгъуамрэ зэрыкIуэдыжамрэ. 

Сэшхуэр топым йобгъэрыкIуэ

   Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс газетеджэхэм щIэрыщIэу егъэцIыхужын хуейкъым. Зи диссертацэр адыгэ Iэщэм тезыухуа щIэныгъэлIым ита интервьюхэмрэ игъэхьэзыра теплъэгъуэхэмрэ а Iуэхум дихьэххэр фIыуэ щыгъуазэщ. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, адыгэ Iэщэм хуэфащэ пщIэр нобэ нэхъ хуэзыщIыфыр абы и тыншагъыр иджыри Кавказ зауэм и зэманым зыгъэунэхуа къэзакъхэрщ. Андреев Александр игъэхьэзырауэ адыгэбзэм къидгъэзэгъа «Сэшхуэр топым йобгъэрыкIуэ» нэтын  гукъинэжыр абы и зы  щапхъэщ.

Хуэдз (Фэдз, Къуэдз)

Мы цIэр зэрахьэ Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ит къуажэми ар зыбгъэдэс къуршыпс уэр цIыкIуми.

Хэплъэгъуэщ дызыIут IэнатIэр

ХьэтIохъущокъуэ Исмел адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, 1787 - 1791 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм хэтащ, иужькIэ епщыкIиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым щыщIэдзауэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хэтащ, и цIэр адыгэхэм ящыгъупщакъым нобэр къыздэсым, М. Ю. Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэм («Измаил-бей») и лIыхъужь нэхъыщхьэщ.

Зы мащIэт яхуримыкъуар…

       ПщылIыр пасэу Урысейм щыIукI пэтащ. Абы IэмалыфI къыхукъуэкIат зыужьыныгъэ тэмэмым и гъуэгум теувэну, ауэ апхуэдэхэм деж къызэрыхъу хабзэщи, псори напIэзыпIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ. зыпэмыплъам икъутэжащ.

Рейхстаг

Рейхстагыр - нэмыцэ парламентым и унэщ. 1894 гъэм щыщIэдзауэ 1933 гъэ пщIондэ абы щекIуэкIащ парламентым и зэIущIэхэр. 1999 гъэм ухуэныгъэм и цIэр БундестагкIэ зэрахъуэкIащ. Ар здэщыIэр Берлин и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу къалъытэ икIи абы зыплъыхьакIуэ мелуанхэр макIуэ.

Бундестагым и кIуэцIымкIи и щIыбымкIи иджыри ущрохьэлIэ урыс сэлэтхэм традзауэ щыта тхыгъэхэм, фочышэхэм кърауда блынхэм. Унэшхуэр зыхуей хуагъэзэжами, зауэм и лъэужьхэр къагъэнащ цIыхухэр мелуан бжыгъэкIэ зыхэкIуэда гузэвэгъуэр ящымыгъупщэжын папщIэ.

Бий къыхуэхъужат...

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым къэхъуа Израилыр къэрал телъыджэщ. Абы щыпсэухэм я Iыхьэ щанэм урысыбзэр фIыуэ ящIэ, абы иропсалъэ ауэ КъухьэпIэм, щхьэтечу жыпIэмэ, США-м быдэу епхащ - езыр щыIэныр зыхилъагъуэри абы къуэтынырщ. АрщхьэкIэ а шыIэныгъэм и гугъу пщIымэ, Израилыр къызэрыунэхуари, зэрызэфIэувари нэхъыбэ дыдэу зи фIыгъэр СССР-щ. Хэбгъэзыхьмэ, Совет Союзым ар къригъэлауэ щытащ.

ЛъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ

          Бабыгу шытх
Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ Къухьэп1э Кавказым щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. А тIум я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу шытхкIэ йоджэ. ТхыцIащхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ