Мыхьэнэ зиIэ лъэмыж

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ – Елъхъуэт автомобиль гъуэгум хуэзэу тэрчыпсым деж телъ лъэмыжыр къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм.

ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъунымкIэ, транспорт зэпыщIэныгъэхэр зэпымыунымкIэ мыхьэнэ ин зиIэ Тэрч, Май щIыналъэхэр зэпызыщIэ гъуэгущ ар. КъагъэщIэрэщIэж лъэмыжым езым метри 182-рэ и кIыхьагъщ.

Иджыпсту ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу лъэмыжым и пкъыми лъабжьэми гъущI арматурэ абы халъхьэ, бетоныр дакIэ, псы жапIэхэр хуащI. Ахэр зэрызэфIэкIыу, гъуэгущхьэм бетон тракIэнущ. иужькIэ, тIуащIэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэжынущ, лъэс лъагъуэхэр хуащIынущ, иджырей гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ.

Япэу зэрагъэпэщыж

Май къалэм и курыт еджапIэ №5-р, еджакIуэ 500-м хуэщIар, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж иджыпсту. Ар щаухуауэ щытар 1962 гъэрщ икIи абы лъандэрэ мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIакъым.

НобэкIэ лэжьакIуэхэм пэшхэр къращIыкI, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ. Апхуэдэуи, инженер коммуникацэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIынущ, классхэм иджырей обордованэхэр щIагъэувэнущ, пщэфIапIэр къагъэщIэрэщIэжынущ, цIыкIухэм егъэджэныгъэмкIэ плIанэпэхэр къыщыхузэрагъэпэщынущ.

Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи 2026 гъэм и фокIадэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.

Уэрамхэр зыхуей хуагъазэ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Хьэмидие къуажэм Бориймрэ Къудеймрэ я цIэкIэ щыIэ, зэхэту километри 4,9-рэ зи кIыхьагъ, и уэрамхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Къуажэдэсхэм я лъэIукIэ пэрыхьа лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ар хуэгъэпсащ республикэм и щIыналъэ гъуэгу сетыр иджырей мардэм къигъэтIэсэным.

Къуажэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу уэрамхэм я гъуэгу щхьэфэхэр тратхъунщIыкIынурэ я лъабжьэхэр ягъэбыдэнущ, асфальтыщIэ тралъхьэжынущ, псы жапIэхэр хуащIынущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.

ЕджакIуэхэм я классыщIэхэр

Нарткъалэ къалэм и курыт еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Ар еджакIуэ 640-м хуащIащ икIи метр зэбгъузэнатIэу 5800-рэ иубыдащ, зыхуей хуагъэза нэужь. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «КъБР-м и Егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

ЛэжьакIуэхэм унащхьэр зэрахъуэкIащ, щхьэгъубжэщIэхэр хагъэуващ, пэшхэр къращIыкIащ, инженер коммуникацэу хъуар зэрахъуэкIащ. Школым щIагъэуващ егъэджэныгъэмрэ спортымрэ хуэщIа иджырей обрудованэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ, еджакIуэ цIыкIухэми я Iуэхур нэхъ тынш хъуащ, еджэным пыщIауэ.

БЭБЭЧ Башир.
Поделиться:

Читать также: