Спорт хъыбархэр![]() Орлов Николай и рекордыр Адлер къалэм щекIуэкIащ бжыр нэхъ жыжьэу дзынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ди гуапэу къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен Орлов Николай дунейпсо рекорд щигъэуващ абы. Ди щIалэм иутIыпща бжыр метр 77-рэ сантиметр 37-кIэ игъэлъэтащ. Мы гъэм зэрыщIидзэрэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ дунейм зыми къыщигъэлъэгъуакъым. СССР-м бжыр дзынымкIэ спортым и мастер Лунев Анатолэ и фэеплъу щытащ иджырей зэхьэзэхуэр икIи абы щызэпеуащ къэралым и спортсмен 300-м щIигъу. КИФЩI-м и лIыкIуэу зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм я гъэсэнхэр. ЕтIуанэ увыпIэр зэхьэзэхуэм къыщихьащ Максимчев Тимофей. Абы бжыр идзащ метр 69-рэ сантиметр 20-кIэ. Ещанэ хъуащ Панасенков Владислав – метр 68 сантиметр 98-рэ иIэу. Крючковэ Миланэ и медалхэр УФ-м лъэрыжэм тету къэфэнымкIэ еджакIуэхэм я 13-нэ ЩIымахуэ спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэм хыхьэу щхьэзакъуэ, гуп зэхьэзэхуэхэр Ставрополь къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и Ищхъэрэ-КъухьэпIэ, Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ округхэм я спортсменхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм щыIащ Крючковэ Миланэ икIи ди республикэм и щIыхьыр иIэтащ - щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэхэм домбеякъ медаль абы япэу къыщихьащ, гупхэм я зэпеуэм етIуанэ щыхъуащ. Зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ икIи зэIущIэм къыщыхэжаныкIахэр спартакиадэм и кIэух зэIущIэм ягъэкIуэнущ. Крючковэ Миланэ и тренерыр Басос Анжелэщ. Кавказ Ищхъэрэм универсальнэ зэзауэмкIэ (спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэхэт зэхьэзэхуэ) и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэпеуэрэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым махуищкIэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 574-рэ икIи я ныбжьхэм елъытауэ ахэр гуп-гупкIэрэ гуэшауэ щытащ. Щхьэхуэу зэхьэзэхуахэщ илъэс 12-13, 14-15, 16-17 зи ныбжьхэр, цIыхухъу, цIыхубз балигъхэр. Япэ махуэм ахэр зэпеуащ универсальнэ зэзауэ-ЛАЙТ жыхуиIэмкIэ (гугъуехь зыпылъ гъуэгуанэ зэхуэмыдэхэр зэпычынымрэ утыкум щызэбэнынымрэ хэту), адрей махуитIым – универсальнэ зэзауэмкIэ – (гугъуехь зыпылъ гъуэгуанэ зэхуэмыдэхэр зэпычынымрэ утыкум щызэзэуэнымрэ хэту). Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр спортсмен 78-рэ хъууэ щытащ икIи япэ унэтIыныгъэмкIэ дыщэ медалу 23-рэ, дыжьыну 17, домбеякъыу 34-рэ абыхэм къахьащ. ЕтIуанэмкIэ – дыщэу 21-рэ, дыжьыну 15, домбеякъыу 27-рэ. Гупхэм я зэхьэзэхуэм ди республикэм и спортсменхэм япэ увыпIэр щаубыдащ, Дагъыстэным къикIахэм етIуанэр, ещанэр – Ставрополь крайм и лIыкIуэхэм. АдэкIэ, илъэс 12-13, 14-15 зи ныбжьхэм я деж къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъатхэпэм и 10-16-хэм Мурманск къалэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм. Илъэс 15-16 зи ныбжьхэм Самарэ къалэм зыкъыщагъэлъэгъуэнущ гъатхэпэм и 24-30-хэм. Балигъхэм (цIыхухъухэри цIыхубзхэри хэту) я чемпионатыр Налшык къалэм щекIуэкIынущ мэлыжьыхьым и 22-27-хэм.
Поделиться:
Читать также:
05.03.2026 - 15:26 →
Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ
03.03.2026 - 15:00 →
Щхьэлыкъуэ и хьэщIэ лъапIэхэр
24.02.2026 - 12:59 →
ТIури домбеякъыу
24.02.2026 - 12:56 →
Спорт хъыбархэр
16.02.2026 - 14:51 →
СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
| ||





