Спорт хъыбархэр

Псом щыщи зырыз

Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену 500-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медалищ абы къыщахьащ. Килограмм 65-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Дзу Аслъэн. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Къудей Арсен (кг 80), ещанэ хъуащ Егъэн Айрат (кг 45-рэ).

ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Къарэ Хьид, Чыл Аслъэн, Нэгъуей Азэмэт сымэ.

Тарко-Сале кIуэнущ

Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Грознэ къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я бэнакIуэу 160-рэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медалищ зэхьэзэхуэм къыщихьащ. И хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр щиубыдащ Атэлыкъ Темыркъан (кг 82-рэ). Къумыкъу Казимир (кг 55-рэ) етIуанэ, Отаров Омар (кг 77-рэ) ещанэ хъуахэщ.

Иджы ахэр хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мазаем и кIэхэм Ямало-Ненецкэ автономнэ округым и Тарко-Сале къалэм щызэхашэну зэпеуэм.

Ди командэм и тренерхэр Мэкъуауэ Малик, Гугъуэтыж Мухьэмэд, Щокъарэ Мурат, Ачабаев Музэфар сымэщ.

КъБР-м щыяпэу

Урысейм и Кубокыр атлетикэ псынщIэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо  зэхьэзэхуэ Новочебоксарск щекIуэкIащ. Абы щызэпеуахэр зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ спортсменхэрщ, псори зэхэту 300-м нэблагъэ, ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 50-м къикIауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и спорт еджапIэм и гъэсэн КхъуэIуфэ Дарэ къызэдэжэнымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм щытекIуащ метр 60-р, 200-р, 400-р нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, КъБР-м зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ спортсменхэм ящыщу республикэм щыяпэу УФ-м СпортымкIэ и мастерым и мардэхэр щытекIуа лIэужьыгъуищымкIи игъэзащIащ абы.

КхъуэIуфэ Дарэ дэлажьэр Къарэмырзэ Къантемырщ.

Боксерхэр зэпоуэ

Ставрополь крайм и Курской къуажэм щекIуэкIащ щIыналъэхэм боксымкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и спортсмену 200-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту боксер ныбжьыщIэу 8 абы щыIащ икIи гуп зэпеуэм ещанэ щыхъуахэщ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Берд Ахьмэд, Мэлыхъуэунэ Темыркъан, Кърымщокъал Мурат, Ахъмэт Алан, Лукьяев Амир, Хьэрун Аслъэн сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Дер Аскэррэ Iэшэ Беслъэнрэ.

Спортсменхэм ядэлажьэр УФ-м спортымкIэ и мастер Тэмазэ Андзорщ.

Псори домбеякъыу

УФ-м джиу-джитсумкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Тверь областым и Конаковэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмен 500 щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэу Уэтэр Анатолэ, АфIэунэ Аслъэнбэч, Тхьэзэплъыж Кимран сымэ я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм домбеякъ медалхэр къыщахьащ.

Ахэр зыгъасэр Юнус Рустамрэ Бэлэтокъуэ Азэмэтрэщ.

 

 

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться: