Къэрэшей таурыхъ
ЩIэблэ имыIэрэ и щхьэгъусэри дунейм ехыжауэ, егъэджакIуэ гуэр псэурт. «Сыт сэ сызыхуеижыр? Си мылъку тIэкIур псапэкIэ згъэкIуэдынщ», - жиIэри, абы и унэм еджакIуэхэр щIигъэтIысхьауэ иригъаджэрт, игъашхэрт, ихуапэрт.
Зэгуэрым, еджакIуэхэр жейуэ, унэм хъунщIакIуищ къыщIыхьэри, бысымым ахъшэу иIэр яритыну паубыдащ.
- Хъунщ, къафщтэ псори! Си гугъу фымыщI закъуэ, - яжреIэ егъэджакIуэми, ахъшэр здэщылъыр ярегъэлъагъу. Къагъуэтар зэщIакъуауэ щыщIэкIыжым, егъэджакIуэр якIэлъыпсэлъащ:
- КхъыIэ, фымыпIащIэмэ, тIэкIу федзакъэ, фымэжалIэ къыщIэкIынщ!
- Уэ лIыжьым щхъухь дыбгъэшхын Iуэху зепхуэу арагъэнщ! – зэрыгъэкIиящ хъунщIакIуэхэр.
- Апхуэдэ гурыщхъуэ къысхуэфщIмэ, фэ езыхэр фыпщафIи фышхэ. Мыр лыщ, мор прунжщ.
Мохэри мэжалIэрти, «хьэуэ» жаIэфакъым.
- Тшхыныр хьэзыр хъуху, таурыхъ къыджеIэ-тIэ, - къэгушхуахэщ зэранщIакIуищыр, егъэджакIуэм еубзэжмэ яфIэфIу.
Бысымыр зыхуеиххэр арати, къыщIедзэ:
- Еуэри зылI псэурт, мэзым пхъэ гъэсын къришурэ, абы къыщIэкIымкIэ и унагъуэр зыхуей хуигъазэу. Махуэ къэс мэзауэм пхъэ IэплIэ бэзэрым ихьырти, къыщIэкIамкIэ арэзыуэ, и гъащIэр ирихьэкIырт.
Зэгуэрым абы мэлыхъуэ щIалэ къыхуозэ.
- Уи хъушэр убагъуэ, щIалэ!
- Упсэу, къуэш!
- Мы мэлхэр ууей?
- Сысейщ! Си адэм Iэщ и куэдщ, дэ дыбейщ!
- Iэщ фызэрикуэдыр пэжщ, - жеIэ мэзауэм. – Ауэ уэ езыр сытым ухуэIэзэ?
- Мэл согъэхъуф.
- Мэл гъэхъунри фIы дыдэщ, ауэ къызэдаIуи зыгуэр пщIэфу зегъасэ, IэщIагъэ зэгъэгъуэт.
Зэман дэкIауэ, а тIур аргуэру зэхуозэ.
- ЛIо, зебгъэса зыгуэрым?
- Хьэуэ, - кърет жэуап мэлыхъуэм. - Сыт сэ зыщIэзгъэсэнур? Мылъку си куэдщ, еплъ мы си хъушэм и инагъым.
- Iэщым ущымыгугъыу, IэщIагъэ зэгъэгъуэт, щIалэ, ущIегъуэжынщ, - увыIэркъым мэзауэри.
- Уэ хэт ухъуну, сэ сыбгъэIущыжыну ухэту? - къыхуэгубжьащ абы мэлыхъуэр.
- УзэрегуакIуэщ, зы махуэ уигу сыкъэкIыжынщ, - жеIэ мэзауэми, и гъуэгу тоувэж.
Ауэрэ гъащIэр макIуэ, зэманыфIи блокI. Зэгуэрым мэзауэр унэ фэншэ гуэрым къыщIэIукI сабий гъы макъым къигъэувыIащ, и гупэм фейцейуэ хуэпауэ лIы уэд гуэри къиту. ЛIыр абы еплъри, мэлыхъуэ щIалэр къицIыхужащ.
- Мыр сыт, щIалэ, къыпщыщIар, сыту уфагъуэ? – йоупщI мэзауэр мэлыхъуэм.
- УщIэмыупщIэ! Махуэ къэс жыпIар сигу къокIыж.
- Сыт къэхъуар?
- Си мэлхэм уз къахыхьэри факъырэ сыхъуащ. IэщIагъэ гуэрым зегъасэ къызжепIарэ пэт, сынодэIуакъым, иджы си бынхэр шхын щхьэкIэ зэтолIэри магъ,- жиIэри, мэлыхъуэм езым и нэпсхэри ирилъэщIэкIащ.
- Умынэщхъей,- жриIащ абы мэзауэм. – Нэхъыжьхэм ауэ жаIэкъым: фIыуэ уелIалIэмэ, уэсми мафIэ пхущIэдзэнущ. КIапсэ къащти, си гъусэу пхъашэ накIуэ.
Мэлыхъуэр гуфIэжу арэзы хъущ, кIапсэшхуэ къищтэри, тIури зэгъусэу мэзым кIуахэщ. Мэзауэм тIуми яхурикъун пхъэ пиупщIщ, зэкIуэцIипхэжри, бэзэрым яхьащ. Пхъэ ящам къыщIэкIа ахъшэмкIэ нартыху лэкъум къащэхуащ. ЛIым лэкъумхэр Iыхьищу игуэшри, езым зы Iыхьэр къищтащ, мэлыхъуэм IыхьитIыр иритащ.
- ИIэ, пщэдеи мэзым пхъашэ дыгъакIуэ,- къелъэIуащ абы мэлыхъуэр.
ЛIыр арэзы хъуащ. ЕтIуанэ махуэм уэшх къешхат, ауэ и псалъэм емыпцIыжу, мэзауэм кIапсэрэ джыдэрэ къищтэри, мэлыхъуэм и деж кIуащ. Мор къыпэплъэу щыст.
- Уи фIыгъэкIэ си сабийхэр дыгъуасэ я ныбэ изу гъуэлъыжахэщ, -фIыщIэ къыхуищIащ абы мэзауэм.
Арати, зэныбжьэгъухэр аргуэру мэзым макIуэ. КъыщыкIуэжым уэшхым хеубыдэри, бгъуэнщIагъ гуэрым зыщагъэпщкIун хуей мэхъу. ЗэрымыщIэкIэ лIыр бгъуэнщIагъ блыным джыдэкIэ жьэхэуэри, «дзыргъ» гуэр къэIуащ. Блыным мывэ къэтIэсхъар къыхихрэ еплъмэ - дыщэ къыхоцIуукI.
- Уей, къуэш, дыщэ къэзгъуэтам! – кIиящ мэзауэр.
Мэлыхъуэр къыбгъэдыхьэри, тIури зэгъусэу блыным еуэхэурэ дыщэр къыхахын щIадзащ. ИтIанэ мэзауэм дыщэр Iыхьищу игуэшащ.
- ТIур уэ къащтэ, уэ сабий уи куэдщ, - жриIащ абы мэлыхъуэм. Сэ зы Iыхьэри срикъунущ.
Мэлыхъуэм фIыщIэ псалъэ хурикъуртэкъым, апхуэдизкIэ гуфIати. Абы и дыщэ IыхьитIыр псынщIэу къэпым иригъэзэгъащ. ЛIыми и Iыхьэ закъуэр къищтэжри, къежьэжахэщ.
Ауэрэ гъуэгу здытетым, зэныбжьэгъухэр загъэпсэхуну мэтIыс. Абдежым мэлыхъуэм и гум нэпсеягъэ къихьащ. Ар нэхъри нэхъ беиж хъуну хуейт. «Мыр сукIрэ и дыщэр къасщтэмэ, япэм сызэрыщытам хуэдэу бей сыхъужынущ», - игу къэкIащ абы. Арати, джыдэр къищтэри къыщылъэтащ.
Мэзауэм къыгурыIуат абы игу илъыр.
- Зэ умыпIащIэ, сомыукI щIыкIэ, уэсят сыгъэщIыж, - жиIащ абы. - Сэ бын сиIэкъым, ауэ си щхьэгъусэр уэндэгъущ. Къуэ къысхуалъхумэ, ДэIэпыкъуэгъу фIищыну схужеIэж.
Мэлыхъуэм мэзауэр иукIщ, и дыщэр къищтэри, беишхуэ хъуащ.
ИукIам и фызыр лъхуауэ щызэхихым, мэлыхъуэм зэуэ сабийм и адэм и уэсятыр игу къэкIыжри, ар игъэзащIэмэ и гуэныхьыр текIыжыну къыфIэщIа? Сытми, фызабэм деж кIуэри, и лIыр ицIыхуу зэрыщытари, къуэ къащIэхъуэ хъумэ, ДэIэпыкъуэгъу фIищыну зэрыхуеяри хуигъэхъыбаращ, цIыхубзми и гуапэу дунейм ехыжам и уэсятыр игъэзэщIащ. АрщхьэкIэ, фызабэр зэрыхуэмыщIа дыдэр илъагъу пэтми, мэлыхъуэр цIыхубзым зы щайкIи пэIэбакъым. Езы тхьэмыщкIэр и лIыр къызэрыщхьэщымытыжрэ къазыхъуэу увауэ лIыщIэрт.
Зэгуэрым къуажэмкIэ Хъаныр кIуэцIрыкIырт, и дзэр и гъусэу. Фызабэм и сабийм шыхэр къатеувэнкIэ гузавэри: «ДэIэпыкъуэгъу! ДэIэпыкъуэгъу!» - жиIэри еджащ уэрамым джэгуу дэт сабийм.
ЕгъэджакIуэм иужьрей псалъитIыр хуабжьу щыжиIэм, адрей пэшым щыжей и еджакIуэхэр къэушри, псори жэрыжэкIэ и деж къэжахэщ.
- ЗэкIуэцIыфпхэ мыхэр! - унафэ ищIащ егъэджакIуэм.
- Мис аращ, - захуигъэзащ абы хъунщIакIуэхэм, - нэм куэд илъагъуми, гур нэхъ жыжьэ маплъэ.
ЗэранщIакIуэхэм абдеж къагурыIуащ егъэджакIуэр къазэребзэджэкIар. ХэкIыпIэ къащыхуэмынэм, къэлъэIуахэщ:
- Дауэ-тIэ таурыхъыр зэриухар?
- Зэриухаращ, - пищащ егъэджакIуэм. - Фызабэм «ДэIэпыкъуэгъу» жиIэу Хъаным зэрызэхихыу, шым къепсыхри къыбгъэдыхьащ.
- Сыт ухуэныкъуэ, ди шыпхъу?
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, зиусхьэн, - итащ цIыхубзым Iэнкуну жэуап. – Си къуэм ДэIэпыкъуэгъу и цIэу аращ. Шы лъэгум щIэхуэмэ, жысIэри сыгузавэу седжауэ арат.
- И адэр дэнэ щыIэ? - щIэупщIащ Хъаныр.
- Мэзым пхъашэ кIуэри къэкIуэжакъым.
- Хэт-тIэ щIалэ цIыкIум цIэ фIэзыщар?
- И адэм и ныбжьэгъум.
Хъаным «ныбжьэгъур» къраджэну унафэ ищIащ. Абы фIэкIа хэмылъу, щхьэхъумэхэм мэлыхъуэр къагъэс.
- Уэра щIалэм ДэIэпыкъуэгъу фIэзыщар?
- Сэращ.
- Дэнэ а цIэр къыздикIар? Пэжыр жыIэт! – пхъашэу щIоупщIэ Хъаныр.
- Ар и адэм и уэсятт.
Абдежым Хъан Iущым гурыщхъуэ ищIащ Iуэхум щIэхъума гуэр зэрыхэлъыр. ЩIэупщIэм игъэшынэурэ, абы хуэм-хуэмурэ мэлыхъуэр къиумысащ. Лей зезыхьар наIуэ хъуа нэужь, Хъаным мэлыхъуэр иригъэукIри, и мылъкур зэанэ-зэкъуэм кърыригъэтащ. Езыри гъуэгу теувэжащ.
- Мис аращ, - иухащ и хъыбарыр егъэджакIуэм. – Фымынэпсей икIи фымыфыгъуэ. Зыщывмыгъэгъупщэ: хьэрэмым шэсар гува щIэхами къепсыхынущ, зэгуэр къыщIэмыщыжын щэхуи щыIэкъым.