«Пэрытхэм» я Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр![]() «ТАСС Кавказ» щIыналъэ хъыбарегъащIэ агентствэм иджыблагъэ щекIуэкIа пресс-конференцым хэтащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн. Ар теухуауэ щытащ зэгухьэныгъэм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэхэм нэгъабэ зэфIагъэкIамрэ 2026 гъэм я мурадхэмрэ. Конференцым къыщыхагъэща Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм щыIэ къудамэхэм хэтхэм я бжыгъэм цIыху мин 225-рэ къазэрыхэхъуар, мы илъэсым волонтёр экспедицэхэр зэрырагъэкIуэкIынур, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ сабий 40-м щIигъу НыбжьыщIэ пашэхэм я школым зэрыщеджэнур, «Пэрытхэм» я Федеральнэ Советым и 11 зэхуэсыгъуэм и етхуанэ иужьрей зэIущIэр ди республикэм зэрыщекIуэкIынур, Ставрополь къыщызэрагъэпэщ «Медиадвиж» Iуэхум школакIуи 160-рэ зэрыхэтынур, зэгухьэныгъэм Ингуш щIыналъэм щиIэ къудамэм зэхишэну фестивалыр лъэпкъ хабзэхэм зэрытраухуэнур, Къэрэшей-Шэрджэсым щрагъэкIуэкI «Нэхъыжь Iущ» Iуэхум ехъулIэныгъэ зэриIар, Дагъыстэн Республикэм щызэхэт зэщIэхъееныгъэр 2025 гъэм цIыху мини 100-кIэ нэхъыбэ зэрыхъуар, Осетие Ищхъэрэ-Аланием и щIыпIэ къудамэхэм щIэныгъэ клубхэр къызэрыщызэрагъэпэщынур, нэгъуэщIхэри. «Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ къудамэм лэжьэн щIедгъэдзащ ныбжьыщIэ пашэхэм я школым, «Первоклассные» зыфIэтщам. Абы хэтынухэр мазэкIэ къыхэтхащ икIи 6 - 7-нэ классхэм щIэсхэр къызэщIедгъэубыдащ. ЦIыху 30 зэхуэтшэсыну нэхъапэ ди гугъами, бжыгъэр 43-м нэдгъэсащ. Илъэс псокIэ абыхэм дадэлэжьэнущ», - къыхигъэщащ Шыпш Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





