Уафэр щымыджэмыпцIэу…

НиплI, тхьэкIумиплI! И жьэр зэтрихмэ – мафIаер къыжьэдокI! И тхьэкIумэхэм плIащIэу зэхах! И нэхэр плIащIэу жанщ! Тхьэуэ щыIэм я лейщ, лъэщщ, инщ.

«Си ныну IэфI, си къуэ закъуэ! Си ныну нэху, си псэ закъуэ! Си дыгъэбын! Си Тхьэдыгъэ!», - аращ зэреджэр къэзылъхуахэр.

Мардыкъуэ и нэхур тхьипщIым я гуащIэм пэпщIынщ… Нэбзий тхущIыр абы и Iэпкълъэпкъым къыпех. И адэшхуэу Анум дунеижьым щызепщэу Жьы къудамиплIыр къегъэщIри, тыгъэ къыхуещI. А Жьызэпихум Тианэ жэщ-махуэ имыIэу зэрехьэ, псэхугъуэ иримыту кърехуэкI, толъкъун хьэлъэхэр зэщIеIэтэ.

Къатохьэлъэ тхьэхэм Мардыкъуэ и джэгукIэр, яужэгъу щIэх дыдэ. Ауэрэ къыщохъей я кIуэцIыкIыщIэм хьилагъэ…

- Уи псэгъуу къыбдигъэщIа Абзу тхьэшхуэр щаукIым, зэран уахуэмыхъуу яIэщIэбгъэкIуэдащ. КъыбжьэдэкIакъым зы псалъэ! Иджы мес, Ану и къуэрылъхум Жьызэпихур тыгъэ хуищIащи, уи лъащIэм нэсу узэредзэ, жеи псэхуи уимыIэж. Абзу тхьэ адэу ди гъуазэр уи гукъэкIыж мыхъумэ, уиIэжкъым. Муммущи – гъэрыпIэм йобэмпIыхь. Удианэтэкъэ?! У-Анэшхуэтэкъэ?! Еплъ укъызэрынам: шынэм узэредзэ! Дэ-щэ? Уи гугъуехьыр – ди гугъуехьщи, абы пщIэ имыIэу ара? Дэ фIыуэ дыкъыумылъагъуу ара? Жей щхьэкIэ дылIэурэ ди нэр нэф хъуащ. Уилъ щIэж, ди анэ! Зэбгрыху уи жагъуэгъухэр! – къызэщIагъаплъэ абыхэм Тианэр.

- Пэжщ жыфIэр! Едвгъэхужьэ Жьыхъарзыр! ЗэтедвгъэукIэ къыдэпцIыжа тхьэхэр. Дывгъэублэ зауэшхуэ, сыкъызэгуетхъыр губампIэм! – къызэщIоуфIыцIэ Тианэ, дунеижьыр икъутэжыным хуэдэу къэгубжьауэ.

Жэщ-махуэ ямыIэу мэгупсысэ Тианэ и телъхьэхэр, мэгъуахъуэ, мэчэнджащэ. Ялъ ящIэжыну мэныкъуакъуэ. Хъубыр тхьэ гуащэу е фIыцIэм хуэлажьэр къраджащи, мафIаер яупцIу благъуэжьхэр къегъэщI. Я дзэ жанхэм гущIэгъу ямыщIэ, лъы мыхъуу щхъухь бзаджэщ ящIэтыр. ГуIэгъуэщ я теплъэр. Тхьэ щIыхь яритащи, нэбзийхэр къапех, абыхэм къаIуплъэхэр шынэм еукI.

Тианэ и щIэм йоIэбых, е фIыцIэу кIуэцIылъыр къызэщIекъуэри, абы къыхещIыкI бзаджэнаджэхэр: Псыблаери, Мышхъушри, Щхьэматэжьри, ХьэщхьэрыIуэри, Тхьэбэджейри, УаепцIэри, Джейхьэври, Хьэщхьэвылъэри. Дунейм имылъэгъуа гущIэгъуншагъэр я Iэщэщ, шынэ жыхуаIэр ямыщIэ, зыми хуэмыдэ, зыми емыщхьщ. Абыхэм дыщIегъуж нэджэIуджэрэ бзаджэнаджэу иджыри пщыкIуз.

Бын нэхъыжьхэм яхоплъэри, нэжьгъущIыдзэм и гъуазэу КIэгъуэ къыхех тхьэ анэм. Иджы ар дзэзешэщ, чэнджэщэгъу пэжщ, къуентхъыр зыгуэшщ. Тианэ хьэмтетыгъуэр КIэгъуэ IэщIелъхьэ, зыбгъэдегъэтIысхьэри, жреIэ:

- Псоми уралейщ, си тIасэ! ДяпэкIэ уэращ унафэ зыщIыр. Нобэ щыщIэдзауи узигъусэщ. Тхьэжылэу щыIэм уранэхъыщхьэжщ!

Ар жеIэри, дунейр къызэригъэщIрэ и къекIуэкIыкIэнур, абы псэ зыIуту къытехьэнум я натIэ итыр зэрытха ГъащIэ тхылъыр КIэгъуэ IэщIелъхьэ тхьэ анэм.

- Уи жыIэр унафэщ, уи жьэ къыжьэдэкIыр пхуимыудыжынщ. Псалъэм ипIэкIэ уи жьэм мафIэр къыжьдэукI, щхъухьу зэщIэткъуари хурехъу ди бийхэм кIуэдыжыпIэ! – жеIэ Тианэ, тхьэнэхъыщIэхэм щхьэщэ къыхуащI.

Абдежым тхьэшхуэ щIыхьыр КIагъуэ къылъос.

2 Iыхьэ

ЕтIуанэ Iыхьэр зытет гъущIынэтхыр зэхэкъутауэ къагъуэтыжащ, ауэ а къагъуэтыжам къиIуатэм тепщIыхьмэ, къэзыгъэщIахэм япэщIэувэжа тхьэнэхъыщIэхэр ягъэкIуэдыну нэжьгъущIыдзэ зэрызэхашам и хъыбар Уэтхьэ къыхуэзыIуэтар Аншарщ. Зауэ гъуэзэджэм щышынащи, Аншар жеIэ гузэвэгъуэшхуэр къэмыхъей щIыкIэ, Тианэ деж Ану ягъакIуэу зэпсалъэмэ нэхъыфIу. А унафэм тету, Ану тхьэ анэм деж макIуэ, ауэ, зэрыIуплъэу, мэгужьейри, зы псалъи къыхудэмышейуэ, Тианэ и пащхьи имыхьэфу къегъэзэж. Тхьэхэр зэрызохьэ, ящIэнур ящIэркъым. Абдежым Аншар къещIэж Мардыкъуэ къытекIуэн дунейм зэрытемытыр икIи ар ягъакIуэу Тианэ ирагъэзэуэну траухуэ. Мардыкъуэ ар щыжраIэм арэзы мэхъу, ауэ текIуэмэ, Тхьэшхуэ щIыхьыр иратыну, ГъащIэ тхылъри IэщIалъхьэну къахуегъэув.

 

*  *  *

- Фи мэс сыхъунщ, сэ фи хьэтыр слъагъунщи. Ауэ, зэвгъащIэ, тхьэхэ, Тианэ сукIыу фи щхьэр къезгъэлыным хузогъэувыр уасэ: ЩIылъэунэм щызэхэфшэ Хасэ, къызэдэфщтэ псоми Тхьэшхуэу сыхэфхыну. Абдеж щыщIэдзауэ фыкъыспэрымыуэ, жысIэр фи унафэщ, сысейщ ГъащIэ тхылъри!

3 Iыхьэ

Аншар и лIыкIуэу Гъуагъуэр егъакIуэ Лэхьэмурэ Лэхьмурэ я деж. Гъуагъуэ абыхэм яхуиIуэтэн хуейт Iуэхур зыIутыр, унафэу къащтар. Мардыкъуэ жиIамрэ зыщIэлъэIуамрэ щызэхахым, Лэхьэмурэ Лэхьмурэ къызэрогъэгужьей. Аншар тхьэхэр зэхешэ, санэхуафэ къыхузэIуахри, Мардыкъуэ и псалъэхэр абы щаIуэтэж. Мо зэрегъэфа, зэрыгъэгушхуа гупым зэдэарэзыуэ къызэдащтэ Мардыкъуэ хуитыныгъэр къахуизэумэ, зыщIэлъэIуа псори хуащIэну.

*  *  *

 ЩIылъэунэм щIэзу тхьэхэр къызэхуосри, Хасэр нызэхашэ. Гу зыщамыхуэжу, IэплIэ зрашэкI, бахэр нызэхуащI. Мэуэршэр, зэдофэ, машхэ, зэдоджэгу. Чэф къызэрогъэхъури, псори ящогъупщэ: губжьи, гузави, нэщхъеигъуи щыIэу ямыщIэж. Мардыкъуэ зыхуей псори хуащIэну тхьэ зэхуаIуэ, Хасащхьэу хах, Тхьэшхуэу къызэдащтэ, жьантIэм ягъэтIысри, щхьэщэ ныхуащIыж, ГъащIэ тхылъыр къызэрахьэхуу тыгъэ хуащIыну псалъэ ят.

ЗэзыдзэкIар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: