Хъуэжэ и хъыбархэр

Хъуэжэ и хъыбархэр удэзыхьэхыу, гукъыдэжыр къэзыIэту, ауан мащIэ зыщIэлъ Iуэхугъуэхэу хэтщ IуэрыIуатэм. Уи гум ибубыдэну тыншщ хъыбархэр, цIыхухэм яфIэфIщ, зы Iуэхугъуэ гуэр я щхьэ кърикIуамэ е гупсысэ къызэрымыкIуэ гуэр къаIуатэмэ, «Хъуэжэ нэхъей» жаIэ. Хъуэжэ и хъыбар «пIаскIуэхэр» зэм щапхъэ екIуу къыбохь, зэм укъагъэуIэбжь, зэм гушыIэ дахэщи, уи гум къонэ, зэми щIагъыбзэу щIэлъыр уогъэщIагъуэ. Хъуэжэ къыпекIуэкIыкIэ ищIэу, хьилагъи хэлъу, хэлъэт къылъыкъуэкIыу щыболъагъу абы и хъыбархэм. Псалъэм папщIэ, Хъуэжэ хьэщIэу зэрыхьа унагъуэм «сывгъэшхэну?» яжриIэну къызэремызэгъыр ещIэри, «сышха нэужь, дэнэ дей сыздэгъуэлъынур?» жиIэу щIоупщIэ. Е и къаз гуэшыкIар дигу къыдогъэкIыжри, абыи акъыли хьилагъи хыдолъагъуэ. И шыдым и кIэр пиупщIын папщIэ ар мэзым щIихуам и щхьэусыгъуэри дигу дохьэ. «Щхьэр хъужмэ, ныбэр узыжынкъым», - жиIэурэ Хъуэжэ зи ныбэр уз и гъунэгъум и щхьэр игъэхъужыну и ужь щIихьари къыдгуроIуэ. «Хъуэжэ и хъыбархэр» щIэщыгъуэщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ дыкъевгъаджэ иджыри.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Хъуэжэ къуажэ гъунэгъум зэрыщыхьэщIар

Хъуэжэ Iуэху иIэу къуажэ гъунэгъум кIуэрт. Ар здэкIуэ къуажэм щынэсам, пшапэр зэхэуат. ЗытекIухьа Iуэхур щызэфIэкIым, Хъуэжэ мурад ещI хамэ къуажэм нэху къыщекIыну. ЗдэкIуэну унагъуэр къыхухэмыхыу здэщытым, абы лIыжь гуэр къыбгъэдыхьащ. Хъуэжэ и Iуэху зытетыр лIыжьым щыжриIэм, я деж ирегъэблагъэ. ЛIыжьым ар хьэщIэщым щIишэри, езыр къыщIэкIыжащ. Хъуэжэ ягъэшхэным куэдрэ пэплъэу щыса нэужь, зэрамыгъэшхэнур къыщыгурыIуэм, зигъэпсчэуIуу щIидзащ. Абы и псчэ макъыр щызэхихым, лIыжьыр къыщIыхьащ.

- Уа, ди адэ, сышха нэужь, дэнэ дей сыздэгъуэлъынур? - еупщIащ абы Хъуэжэ.

КъахуэгъэпцIакъым

Хъуэжэ и сабиигъуэт. Махуэ гуэрым ар унэм щIэлъэдэжри, и анэм кIэрыхъыжьащ: «Фо къызэт», - жери. Анэр я гъунэгъу фыз къыщIыхьам еуэршэрылIэрти, сабийр зыкIэригъэкIын папщIэ, къыжриIащ: «А уи напэ фIейр тхьэщIи уэстынщ». Хъуэжэ псынщIэу унэм къыщIэжри, и напэр итхьэщIащ. ЩIэлъэдэжри, аргуэру и анэм фо щхьэкIэ елъэIуу кIэрыхъыжьэжащ. Зэ елъэIуащ, тIэу елъэIуащ, ещанэуи елъэIуащ. АрщхьэкIэ, зэхимых нэпцI зищIауэ, анэр гъунэгъу фызым зэреуэршэрылIэт. Щымыхъужым, Хъуэжэ щIэкIщ, и напэр зэрыщыту ятIэкIэ зэщIицIалэри щIыхьэжащ. ЩIыхьэжри, анэм и пащхьэм къит шэнт щхьэгуэм тетIысхьащ. Ар къыщилъагъум, анэр къэуIэбжьащ: «Ан-на, сыт мы уи напэм епщIар»? «Ехьей, ухуей хъунт уэ, - жиIащ Хъуэжэ, - си напэри ­ къабзэу, уи фоми уемыIусэу щыбгъэтыну»!

Хъуэжэ фыз къишэну зегъэхьэзыр

Хъуэжэ зы пщэдджыжь гуэрым жьыуэ къэтэджауэ унэлъащlэр псори зригъэдзэкlырт: блыным фlэлъ алэрыбгъур зэригъэдзэкlри фlидзэжащ, гъуэлъыпlэри, lэнэри, шэнтхэри я лъакъуэхэр дэгъэзеяуэ игъэуващ. Ар щилъагъум и анэм къэуlэбжьауэ жиlащ:

- Ана, Хъуэжэ, сыт пщlэр, делэ ухъуа?

- Хьэуэ, си анэ, делэ сыхъуауэ аракъым, ныщхьэбэ нысэ къыпхуэсшэнущи, абы зыхузогъэхьэзыр, - жриlащ и анэм.

- Ана, нысэ къысхуэпшэнумэ, хьэпшыпхэр зэгъэдзэкlауэ, дэгъэзеяуэ, къегъэзыхауэ гъэувын хуей тlэ?! - кlиящ и анэр.

- А къасшэм псори къызэригъэдзэкlынущи, абы щыгъуэ тэмэму псори я пlэм иувэжынщ, - жиlэри Хъуэжэ щlэкlащ.

Хъуэжэ и бэджынэ

Хъуэжэ хьэщӏапӏэ щыӏэу и гъащӏэм имылъэгъуа шхыныгъуэ хьэлэмэт гуэр кърагъэшхат: хыв шатэ гъэвэжам хугу гъэлыгъуа хьэжыгъэр хэудэжауэ. А шхыныгъуэм зэреджэр бэджынэт. Бэджынэр Хъуэжэ хуабжьу игу ирихьати, абы и щӏыкӏэмрэ и цӏэмрэ унэгуащэм жригъэӏэри къежьэжащ. Къыщыкӏуэжым шхыным и цӏэр щымыгъупщэжын папщӏэ, «бэджынэ», «бэджынэ», «бэджынэ» жиӏэурэ къэкӏуэжырт. Уэрамымкӏэ къыздрикӏуэжым, уэшх нэужьти, Хъуэжэ цӏантхъуэри щыджалэм, шхыным и цӏэр щыгъупщэжащ. Ар гупсысэщ, гупсысэри, шхыным и цӏэр къыхуэгупсысыжакъым, тригъэзэжу щӏэупщӏэжынри фӏэемыкӏу хъури и щхьэр фӏэхуауэ щӏымкӏэ еплъыхыу увыжащ.

А дакъикъэм шу гуп блэкӏырти, къеупщӏащ:

- Слӏожь, Хъуэжэ, сыту хуабжьу ухэплъэрэ, пфӏэкӏуэдаӏа? – жаӏэри.

- Тхьэр арэзы къыфхухъуи, гу лъыфтащ къысщыщӏам, - дыщэ кӏанитӏ сӏыгъати, сӏэпыхури мы ятӏэм хэхуащи, згъуэтыжкъым. Къэзыгъуэтыжым дыщэ кӏанитӏым языр естынт, - щажриӏэм, лӏыхэр шыхэм къепсыхри лъыхъуэу щӏадзащ. Ятӏэм хэмыхуа дыщэр къагъуэтыжынт - лӏыхэм ятӏэр зэӏащӏэурэ хьэрэшотӏэм хуэдэ ящӏат. Иужькӏэ лӏыхэм ящыщ зыгуэр къэпсалъэри:

- Тхьэ дыгъаӏуэ, Хъуэжэ, мы ятӏэр зэӏыдбгъащӏэурэ бэджынэ дыбгъэщӏакӏэ! - щыжиӏэм, Хъуэжэ къэгуфӏэри:

- Къэзгъуэтыжащ, къэзгъуэтыжащ! Бэджынэ, бэджынэ, - жиӏэурэ къежьэжащ.

Хъуэжэ и шыдыкӏэщ

Зэгуэрым Хъуэжэ и шыдыжьыр япэ иту мэзым къыздикӏыжым, и нэӏуасэ гуэр къыхуэзэри къеупщӏащ:

- Дэнэ укъикӏыжрэ, Хъуэжэ? - жиӏэри.

- Си шыдыжьыр мэзым схури и кӏэр щыпызупщӏауэ къызохуж! - жриӏащ абы Хъуэжэ.

- Ӏэу, мэзым нэс абы щхьэкӏэ умыхуу уи пщӏантӏэ щыпыбупщӏыжамэ хъунутэкъэ? - игъэщӏэгъуащ адрейм.

- Угъэщӏэгъуэнщ уэ. Пщӏантӏэм щыпызупщӏыну сыхуежьатэмэ, хьэблэр къызэхуэсынти, хэт «кӏэщӏу пыбоупщӏ», хэти «кӏыхьу къогъанэ» жаӏэурэ сагъэбэмпӏэнут. А бэлыхь псом сыхэмыту мэзым схури сызэрегуакӏуэу пызупщӏауэ къызохуж, - жиӏэри Хъуэжэ къежьэжащ.

«Сызэрегуакӏуэу сщӏащ» жыхуиӏэщ

Индрис махуэ гуэрым Хъуэжэ деж къыщӏыхьащ:

- Уа, Хъуэжэ, си ныбэр схуэбгъэхъужтэмэ… Дыгъуасэ кӏапэ мывэрэ пхъэщхьэмыщхьэ цӏынэрэ сшхати, ныбэ уз сищӏауэ нэху щыху сигъэжеякъым, хущхъуэ гуэр уимыӏэу пӏэрэ? - жиӏэри.

Хъуэжэ нэмэз щыгъэр къищтэри, зыгуэрхэр щэхуу къибжурэ, Индрис и щхьэм епщэу щӏидзащ.

- Зи узыгъуэ кӏуэдын Хъуэжэ, си щхьэм лажьэ иӏэкъым, си ныбэращ узэпщэнур, - жеӏэ зи ныбэ къыхэлъадэ Индрис.

- Сызэпщэр сэ сощӏэр. Ныбэм сыт и лажьэ, лажьэ зиӏэр зэдэпшх хъунумрэ мыхъунумрэ зэхэзымыгъэкӏыфар арщ. Щхьэр хъужмэ, ныбэр узыжынкъым, - жиӏащ Хъуэжэ.

Поделиться: