Мазаем и 4, бэрэжьей
♦Лышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦1932 гъэм къалъхуащ журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Белгъэрокъуэ Евгение.
♦1939 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэс къыщесынущ. Махуэм щIыIэр градус 1 - 2, жэщым щIыIэр градуси 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыху зыпI цIыху уасэ хон.