КъБР-м и Парламентым и гъатхэ лэжьэгъуэм и япэ зэIущIэр екIуэкIащ. Ар, зэрыхабзэу, депутатхэм къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал гимнхэмкIэ.
Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ псом япэу тепсэлъыхьащ мэкъуауэгъуэм и кIэ пщIондэ екIуэкIыну гъатхэ лэжьэгъуэм нэхъыщхьэу я нэIэ зытетыну Iуэхугъуэхэм. Абы къыхигъэщащ, нэхъ ипэкIи хуэдэу, Парламентым къищтэ хабзэхэр зэрагъэзащIэр къызэрипщытэнур, Президиумым и зэIущIэхэр республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщрагъэкIуэкIынур, япэуи Бахъсэн къалэ округым я социально-экономикэ зыужьыныгъэм зэрызыщагъэгъуэзэнур.
- Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым къыхэтлъхьа «От высоты к высоте» Iуэхуми адэкIэ пытщэну ди мурадщ. Абы ипкъ иткIэ, Хэку зауэшхуэм и зэманым совет зауэлIхэм зэрахьа лIыгъэм ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ лъагапIэу 4-м фэеплъ зэхыхьэхэр къыщызыдогъэпэщ. Нэгъабэ Курп лъагапIэхэм дыщыIэну дыхунэсащ. КъыкIэлъыкIуэр мазаем и 13-м, Iуащхьэмахуэ лъапэ щхьэхуит къыщащIыжа махуэм, ехьэлIащ. Ди мурадщ фэеплъ нэхъ лъагэ дыдэм дыдэкIуейуэ Iуащхьэмахуэ и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуахэр дигу къэдгъэкIыжыну, - жиIащ Егоровэм. - Апхуэдэуи ди лэжьыгъэ нэхъыщхьэр зытеухуауэ щытынум ящыщщ СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэныр, унагъуэ хуэмыщIахэм, сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэм дадэIэпыкъуныр. Гулъытэ щхьэхуэ яIэн хуейщ зыкъытхуэзыгъазэхэм я Iуэхухэр зэхэгъэкIынми. КъБР-м и Парламентыр жыджэру елэжьынущ жэрдэмхэр УФ-м и Къэрал Думэм егъэхьыным. Мы зэманым ди IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI хабзищым абы щыхоплъэ.
Егоровэ Татьянэ къызэхуэсахэм яжриIащ къэралми республикэм дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ящыщу гъатхэ лэжьэгъуэм къриубыдэу УФ-м и Къэрал Думэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ я депутат хэхыныгъэхэм зэрыщIидзэнур. «Хэхыныгъэхэр зэпIэзэрыту, хабзэм тету екIуэкIын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, 2026 гъэм илъэси 120-рэ ирокъу Урысей парламентаризмэр. Дауи, абы ехьэлIауи Iуэхугъуэ куэд къызэдгъэпэщыну ди мурадщ», - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ 2026 гъэр УФ-м и Президентым Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэригъэувар, икIи цIыхубэ, дин зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, хэкупсэ гъэсэныгъэм епха Iуэхугъуэхэр жыджэру зэрырагъэкIуэкIыпхъэр. Егоровэ Татьянэ тепсэлъыхьащ нэгъуэщI щIыналъэхэм я хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэным гулъытэ хэха дяпэкIи зэрыхуащIынум, псалъэм къыдэкIуэу, абы жиIащ Ингуш Республикэм и ЦIыхубэ Зэхуэсымрэ Чуваш щIыналъэм и Къэрал Советымрэ КъБР-м и Парламентым къыдэлэжьэну хуейуэ зэрызыкъыхуагъэзар. Нэхъ ипэкIэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым иращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэ мазэм «стIол хъурей» жыпхъэм иту тепсэлъыхьынущ щIыналъитIым я лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр къызэрекIуэкIам.
- Мы гъэм гулъытэшхуэ хуэтщIын хуейщ Урысейм ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэкъуэш зэхущытыкIэхэр нэхъыфI щIыным. Абы мыхьэнэш-хуэ ди зэманым, дзэ Iуэху хэхар щекIуэкIым, иIэщ - лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ дин зэгуры-Iуэныгъэмрэщ ди Хэкум и къарур. Шэч къытесхьэркъым дызэгъусэу гъэунэхуныгъэхэм дызэрыпхыкIыфынум, къалэнхэр зэрытхуэгъэзэщIэнум, - дыщIигъуащ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым.
Депутатхэм зэдэарэзыуэ Налшык суд IуэхущIапIэ №1-м и зэзыгъэкIуж хеящIэ къулыкъум Хъубий Iэминэ илъэсищ пIалъэкIэ пэрытыну хахащ.
ЗэIущIэм къыщащтащ «КъБР-м юридическэ дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэу къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» законым и проектыр. КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил къыхигъэщащ КъБР-м сабийм и хуитыныгъэхэр щыхъумэнымкIэ и уполномочен-нэм зэрызакъыхуигъэзам къыхэкIыу дэфтэрыр зэрагъэхьэзырар. «Зэрызыхуагъазэм къыхощ сабийхэр унагъуэхэм зэрыратыжым и бжыгъэр щIэмащIэм и зы щхьэусыгъуэу адэ-анэхэм хабзэ Iуэхухэм хамыщIыкIыу, я щIэныгъэр иримыкъуу зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу абыхэм яхузэфIэкIыркъым адэ-анэм я хуитыныгъэхэр зэфIэгъэувэжыным е я хуитыныгъэхэр зэрагъэмэ-щIар Iурагъэхыжыным теухуауэ судым унафэ къищтэн папщIэ зыхуеину щыхьэт псори зэхуахьэсу къагъэлъэгъуэну. Ар ди тегъэщIапIэу, законкIэ юридическэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэу зратхэм хэдгъэхьэну тфIэкъабылщ адэ-анэм я хуитыныгъэхэр зэфIэзыгъэувэжыну хуейуэ зыхуэзыгъазэхэр», - жиIащ къэпсэлъам.
Депутатхэрарэзы техъуащ «ЦIыхухэр автомобиль, гъущI гъуэгу, токкIэ лажьэ транспортхэмкIэ къызэрырашэкIыр къызэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и законым и 3, 6-нэ Iыхьэхэм, «КъБР-м фэтэр куэду зэхэт унэхэр зэрыщызэрагъэпэщыжым ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым и 9-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ республикэм и законопроект-хэм. КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым хэтхэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьащ.
ЗэIущIэм щедэIуащ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Кужонов Жантемыр 2025 гъэм зэфIагъэкIам теухуауэ къызэрыпсэлъам.
Къыхэгъэщыпхъэщ зэIущIэм КъБР-м и Парламентым хэмыт политикэ партхэм я лIыкIуэхэри къызэрырагъэблэгъар. Абыхэм ящыщу къекIуэлIащ «Урысей Федерацэм и къэзакъ парт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и уна-фэщI Усачёв Сергей, «Граждан платформэ» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм хэт Шакъ Хьэзрэталий сымэ.