Медаль 35-рэ къахь![]() Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь крайм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщ куэдым я спортсмен 500-м щIигъу икIи ахэр зэхьэзэхуащ къызэдэжэнымкIэ, нэхъ жыжьэ лъэнымкIэ, нэхъ лъагэу дэлъеинымкIэ, дискыр, бжыр, ядрор дзынымкIэ, нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэмкIи. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм Ставрополь къалэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медаль 35-рэ абы къыщахьащ: 13-р дыщэу, 13-р дыжьыну, 9-р домбеякъыу. Апхуэдэуи, зэхьэзэхуэм кърикIуахэм хэплъэжа нэужь, КъБР-м и командэ къыхэхам хагъэхьэнухэр ягъэбелджылащ икIи адэкIэ ахэр хэтынущ УФ-м атлетикэ псынщIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм ирагъэкIуэкIыну зэIущIэм. КъБР-м и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм хэтар Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и спорт еджапIэу Налшык, Прохладнэ, Май къалэхэм я спорт еджапIэхэм я гъэсэнхэрщ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





