ПэIущIэм нэсахэщ

Налшык дащIыхь поликлиникэ ехьэжьахэм ящыщ, Хъураным и цIэр зезыхьэ уэрамым щаухуэм и IуплъапIэм и лъабжьэм къыщыщIэдзауэ и щхьэм нэсыху мы махуэхэм кIэралъхьащ плиткэ гъуэжь дахэхэр. Унэ къуапитI зыкъэзыгъэшхэм зэкIэ еIусакъым, ахэр нэгъуэщI плъыфэу щытынри хэлъщ. Абы къыдэкIуэу, щIыхьэпIэ нэхъыщхьэр IуащIыхьри, пкъо дахэхэр абы ихъуреягъкIэ екIуэкIыу щIагъэувэжащ. Абыхэм сыткIи яхэзэгъащ унэ къуапэхэм кIэралъхьа лэдэх хужьыбзэхэри. Иджы зэуэ гу лъыботэ иджырей архитектурэ гъэпсыкIэм, мащIэу нэхъ мыхъуми, 18 - 19-нэ лIэщIыгъуэхэм щыIа щапхъэхэм яжь къазэрыщIихуар - тIури хъарзынэу зэхэзэгъащ. Инженер хуэIухуэщIэхэми адэкIэ пащэ. Куэд мыщIэу унэ кIуэцI лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ. 
 Фигу къэдгъэкIыжынщи, медицинэ IэнатIэм зы махуэм хуэзэу цIыху 500-м Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэфынущ, езым и инагъыр метр зэбгъузэнатIэ мини 10 мэхъу. Абы хэтынущ дэфтэр хъумапIэ, дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ къудамэ, узыфэхэр къыщахутэ УЗИ, рентген пэшхэр, цIыхухэм махуэм щеIэзэ, административнэ, IуэхущIапIэр лэжьэным епха хуэIухуэщIэхэмкIэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, терапиемкIэ, эндоскопиемкIэ къудамэхэр. 
Медицинэ IуэхущIапIэм апхуэдэу хэтынущ иджыпсту щыIэхэм я нэхъ ин, иджырей Iэмэпсымэ ехьэжьахэмкIэ къызэгъэпэща, технологие и лъэныкъуэкIэ зи зэфIэкIыр ин лабораторэ, студентхэм папщIэ еджапIэ пэшхэр. Абы хуэдэу инрэ дунейпсо щапхъэхэм тету къызэгъэпэщарэ Кавказ Ищхъэрэм зэкIэ итынукъым. Абы и ухуэныгъэм текIуэдэну сом мелард 700-р къэрал бюджетым къыхокI. Ухуэныгъэр мы илъэсым къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
А щIыпIэм деж щыта къалэ сымаджэщ №1-м и Iэхэлъахэр псей, уэздыгъей, пхъэхуей жыгхэм, лъэс зекIуапIэ Iэхуитлъэхуитхэм ягъэдахэу щытащ. Уэздыгъей лъагэхэр ноби а зэрыщытщ. Мы гъэм абдежым щаухуэнущ пасэрей гъэпсыкIэмрэ иджырей дизайнымрэ щызэхэт лъэс зекIуапIэ. Республикэм и клиникэ сымаджэщыщIэм къыщызэIуахынущ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ стационар. Абы игъэзэщIэнущ сымаджэхэр зрашалIэ къудамэм и къалэнри. Стационарымрэ операцэхэр щащI къудамэмрэ зэпыщIауэ щытынущ. Апхуэдэ ухуэкIэм и фIыгъэкIэ дохутырхэм я зэманыр зэгъэзэхуа, сымаджэхэм я узхэри нэхъ псынщIэу къэхута хъунущ.
Поликлиникэм псымрэ хуабэмрэ зэрекIуэлIэну бжьэмийхэр я пIэм игъэзэгъэным нэхъ пасэжу иужь ихьащ. Иджыпстуи а лэжьыгъэхэр зэпыуркъым. Апхуэдэ ухуэныгъэ иным ихъуреягъри зэIузэпэщ ямыщIу, дауи, къагъэнэнутэкъым. Хъураным и цIэр зезыхьэмрэ Балъкъэр уэрамымрэ я зэхэкIыпIэр поликлиникэщIэм зэрыпыIухар метрэ тIощIырыпщIщ - уэрамитIри зэIузэпэщ ящI. Асфальтыр къагъэщIэрэщIэжри, гъуэгу дамыгъэхэр тращIащ, гъуэгугъэлъагъуэхэри щIадзауэ ягъэув. Апхуэдэу мы махуэхэм гъуэгу зэхэкIыпIэм и ижьрабгъу лъэныкъуэм хуэзэ лъэс зекIуапIэм, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэм, хуэкIуэм телъа асфальтыжьыр трахауэ лъащIэр зэтес ящI. Ар зыхуей зэрыхуамыгъазэрэ куэд щIат. Иджы гъэдэха хъунущ абдежым щыт гъуазджэмкIэ колледжым и бжэIупэхэри.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: