Адыгэбзэр зыгъэшэрыуа тхьэмадэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрмокъуэ Мухьэмэд ди республикэм и радиом адыгэбзэмкIэ и редакцэм и редактор нэхъыщхьэу  илъэс 14-кIэ щылэжьащ.
Ар Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Мухьэмэд и гъащIэм и нэхъыбапIэр зытеухуауэ щыта, цIэрыIуэ зэрыхъуа литературэ, журналист лэжьыгъэхэм куэд тепсэлъыхьащ, ауэ дэтхэнэ зыми езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ. ЦIыху цIэрыIуэ, литературэм куууэ хэзыщIыкI тхакIуэ, усакIуэ, журналист куэд зытепсэлъыхьам, пщIэ лъагэ зиIам щIэщыгъуэу е нэхъ Iэзэу сэ сытетхыхьыфынкъым, ауэ лей хъуну къыщIэкIынкъым илъэс зыбжанэкIэ си унафэщIу щытам дэслъэгъуа гуапагъэмрэ дахагъэмрэ сигу къэзгъэкIыжмэ. Си гугъэщ ар икIи си къалэн дахэу.
Си насып кърихьэкIщ, университет нэужьым, а адыгэлI Iущым сригъэблагъэри, и деж лэжьэн щыщIэздзауэ щытащ. ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ, Мухьэмэд и унафэм сыщIэту, сабий-щIалэгъуалэ радионэтынхэр къызэгъэпэщыныр си пщэм дэлъащ. ФIыуэ узыщымыгъуазэ лэжьыгъэм упэрыувамэ, ари ущIалэмэ, куэд елъытащ уи унафэщIымрэ лэжьэгъу къыпхуэхъуахэмрэ зыхуэдэм. Нэхъри уи щIэныгъэр зыхуэгъэпсар тхыдэрамэ, езыхэр бзэм хуеджарэ анэдэлъхубзэр ягъэшэрыуэмэ, куэд щIауэ ягъэхьэзыр, ирагъэкIуэкI нэтынхэмкIэ ди республикэм я цIэр щыIуамэ, апхуэдэхэм уадэлэжьэныр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ. Нэхъыжьхэм зэращIэжщи, Совет Союзым и зэманым, унагъуэ къэс радио нэтынхэм къыдэушырт, дэжеижырт. Псом хуэмыдэу, зэрыгурыIуэгъуэщи, Iэмал гуэр иIэххэу щытмэ, адыгэбзэкIэ къат хъыбарыщIэхэм, концертхэм, нэтын купщIафIэхэм икIи зэмылIэужьыгъуэхэм цIыхухэр едаIуэрт. Къэрмокъуэ Мухьэмэд, АфIэунэ Рае, Дыкъынэ Хьэмид, Сэкрэк Хьэсэн, Къардэн Хьэсэн, Хьэжыкъарэ Алик, Джыназ Юрэ, Мыз Ахьмэд, Тэтрокъуэ Астемыр, Хьэмту Къадир, Лыхь (МахуэлI) Хъаджэт, Къудей Лидэ, Пщыгъуэтыж Алий, Мыз Майе, Iэщнокъуэ (Къуэдзокъуэ) Тамарэ, БакIуу Борис, Багъэтыр Нинэ, ХьэIупщы МуIэед, Аброкъуэ Бэллэ, нэгъуэщIхэми я нэгукIэ ямыцIыхуми, я цIэ-унэцIэм фIыуэ щымыгъуазэ къэгъуэтыгъуейт. Абы теухуауэ, унафэщI Iущым, щэджащэм и гугъуехьым и хъер илъэгъуауэ къэплъытэ хъуну си гугъэщ.  Аращ, шэч хэмылъу, куэдым фIыщIэ хуащIу щIыщытари, ноби ягу къыщIагъэкIыжри.
Къэбэрдей щIыналъэм икъукIэ щыцIэрыIуэт «Аркъэн», «Жьэгу пащхьэ», «Пшыналъэ», «Лэжьыгъэм щыпашэхэр уэрэдкIэ догъэлъапIэ», «Радиом едаIуэхэм я лъэIукIэ зэхэтлъхьа концерт», нэгъуэщI нэтынхэр, радиоспектаклхэр. Сэ иджыри сысабийт, Мухьэмэд Зеикъуэ школым щригъэджа си адэ шыпхъу Нинэ Къэрмокъуэм хуэгъэзауэ гукъэкIыж дахэ куэд къыщытхуиIуэтэжым. Арагъэнщ ар къызэлъэIуурэ тхакIуэр цIэрыIуэ зыщIа, и къалэмыпэм къыщIэкIа «Щихухэр иджыри мэкI», «Щихухэм ныбжь ядз», «Азэмэт» романхэм, рассказ зэмылIэужьыгъуэхэм пщыхьэщхьэ къэс макъкIэ сыкъригъэджэн, едэIуэн щIыфIэфIар. Егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу, ахэр зэрыт тхылъхэр зэпкърыхуху, цIыху куэд, зэIэпах-зэIэпалъхьэу зэрыщIаджыкIар си нэгу щIэкIащ.
Мухьэмэд и теплъэ къудейм, и зыхуэпэкIамрэ хьэл-щэнымрэ пщIэ зыхууагъэщIырт, щапхъэ пхуэхъурти, сыт и лъэныкъуэкIи зэщIэкъуауэ, нэмысыфIэу, уи лэжьыгъэм уигурэ уи псэрэ етауэ узэрыбгъэдыхьэным ухущIигъэкъурт. ИтIанэ, зыгуэр къомыхъулIамэ е щыуагъэ пIэщIэкIамэ узэрыриудыхыным, къызэрыпщIэкIиеным яужь имыту, мыхъуар апхуэдизкIэ екIурэ-ещхьу къыбгуригъэIуэжырти, етIуанэу апхуэдэ щыуагъэ зэрыпIэщIэкIын щыIэтэкъым. Гумрэ псэмрэ нэсу къопсэлъылIэрти, утехьэулеикIын, къыпфIэмыIуэхун дэнэ къэна, икIэщIыпIэкIэ арэзы зэрыпщIыжыным яужь уитт.
Си гукъэкIыжхэм фэрыщIагъэ, егъэлеиныгъэ хэлъу къэзылъытэни щыIэнкIэ хъунщ, псори арэзы зыщIыфа щыIэкъым, ауэ Мухьэмэд гукъеуэ хузиIэ закъуэтIакъуэм, быдэу фи фIэщ зэрыхъун, езым ар къамылэжьыжам. Куэдрэ къохъу, дэ езым зыдгъэкъуэншэжыным и пIэкIэ, ди дагъуэр нэгъуэщIым и деж къыщытлъыхъуэу, щхьэусыгъуэ нэпцI къэдгупсысу. 
Тхьэмахуэ лэжьыгъэр къызэднэкIыху, блыщхьэ махуэм, ди редактор нэхъыщхьэм псори дызэхуишэсырти, къызэдгъэпэща, едгъэкIуэкIа нэтынхэр куууэ щызэпкърыдигъэхырт. АпхуэдизкIэ гумызагъэти, гулъытэншэу зы щыуагъи, ехъулIэныгъи IэщIэкIынутэкъым. Псом хуэмыдэу, гуапэ сщыхъуауэ, куэдрэ сигу къокIыж - езым и Iуэху еплъыкIэр, сыунафэщIщ, сэ жысIэрщ нэхъыщхьэр жиIэнутэкъым, дэтхэнэ и зы лэжьакIуэми и чэнджэщыр, гукъеуэр, игу ирихьар къызэрищIэным, нэхъыбэм тэмэму къалъытэр япэ зэрыригъэщыным яужь итт. Мухьэмэд ди университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрыщызригъэгъуэтар и анэдэлъхубзэрти, ар дахэу игъэшэрыуэрт. КIэщIу жыпIэмэ, куэдым дыхуигъэсэн, дыхуригъэджэн лъэкIати, и нэхъыбэм фIыщIэ хуащIу, гуапэу ягу къагъэкIыжырт. Ар зыцIыхуу щытахэм ноби ящыгъупщэркъым.
ИтIанэ, Мухьэмэд Iущагъышхуэ зэрыбгъэдэлъам и щыхьэтхэм ящыщу куэдрэ сигу къокIыж зы Iуэхугъуэ. Си щIалагъэм, пщтырагъэм къыхэкIыу къыщIэкIынт, тIэкIу гушхуауэ, жысIэр сфIэтэмэм сфIэщIу, политикэм сыхэIэбэурэ нэтын кIэщI-кIэщIурэ къызэзгъэпэщыныр, езгъэкIуэкIыныр зэрысфIэфIар. УнафэщIым абы гу лъитэри, и деж сыщIишэри къызжиIауэ щытыгъащ: «Аслъэн, уэ иджыри ущIалэщ, уи псы къэжэгъуэщ, спортыр, гушыIэр пфIэфIщ, нэхъыжьхэм, щIалэгъуалэм ядэуэршэрыныр мыIейуэ къохъулIэри, уи лэжьыгъэр абы нэхъ тегъэщIауэ щыгъэт. Политикэм гушхуауэ утепсэлъыхьын папщIэ, гъащIэ кIыхь къэбгъэщIауэ, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абы куууэ хэпщIыкIыу, жыпIэм шэч къытумыхьэжу, цIэкIи щхьэкIи лъэ быдэкIэ уувауэ щытын хуейщ. Сэ иджыри къэс дагъуэ зыхуезмыгъэщIу сызэрылэжьэным, радиомкIэ къыдэдаIуэ цIыхубэр, си унафэщIхэмрэ згъэлажьэхэмрэ арэзы зэрысщIыным яужь ситащ икIи мыIейуэ къызэхъулIа си гугъэщ. Политикэм ухэтынри утепсэлъыхьынри Iуэху тыншкъым, абы ухэмыIэбэу, нэхъ ущызыгъуазэм уи лэжьыгъэр теухуэ».
Абы лъандэрэ илъэс 33-рэ дэкIами, сщыгъупщэжыркъым. Сыту жыпIэмэ гъащIэм, сыхуей-сыхуэмейми, си нэгу щIигъэкIащ а нэхъыжь Iущым чэнджэщыфI къызэрызитар.
Апхуэдэу, гукъэкIыж дахэу къытхуэнахэм ящыщщ, пенсэм щыкIуам, дэлэжьа псори и унагъуэм дыщызэхуишэсу дызэригъэхьэщIар, дэтхэнэ зыми хужиIэн псалъэ гуапэ къызэрыхуигъуэтар.
 «ТIэкIу ткIийуэ сыфхущытауэ къэфлъытэмэ, зыгуэрым и жагъуэ сщIамэ, гулъытэ щызгъэщIамэ, къысхуэвгъэгъу. Лэжьыгъэ зэдэдгъэзэщIам пщIэрэ щIыхьрэ иIэнутэкъым, апхуэдэу сыфхущымытамэ. Согугъэ адэкIи фи IэнатIэм и хъер флъагъуу, къывэдаIуэ цIыхубэм псэ къабзэкIэ фахуэлэжьэну», - щыжиIауэ щытащ ди кIэух зэхуэсым тхакIуэ, журналист пажэм.
 НэхъыжьыфIу, егъэджакIуэ, гъэсакIуэ, унафэщI Iущу диIа, адыгэбзэр зыгъэбзэрэбза Къэрмокъуэ Мухьэмэд жэнэтыр увыIэпIэ хуэхъуауэ Тхьэм жиIэ!
ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: