Iэщ щхьэ бжыгъэм хэхъуэн папщIэ

Ди республикэм мэкъумэш лэжьыгъэм сыт щыгъуи гулъытэ лей щыхуащIу икIи абы и фIыщIэкIэ зэрыпэгэн ехъулIэныгъэ иIэу къокIуэкI. Iэщ гъэхъуным, хэгъэщхьэхукIауэ дыкъытеувыIэнщи, ар нэхъри егъэфIэкIуэныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор Пыл Iэуес дедгъэкIуэкIа псалъэмакъым нэхъ къыщыхэдгъэщар Iэщыр уз зэрыцIалэхэм щыхъумэнырщ. Аращ Iэуес мымащIэу къыдигъэкIа тхылъхэр, щIэныгъэ тхыгъэхэр, къэпсэлъэныгъэхэр зытеухуауэ къекIуэкIыр.

Iэщ гъэхъуным зегъэужьыныр зыкъомкIэ елъытащ уз зэрыцIалэхэр Iэщым къемыгъэуэлIэнымкIэ Iуэхугъуэхэр и зэманым егъэкIуэкIыным. Абы папщIэ IэщIагъэлIхэм куууэ ящIэн хуейщ уз зэрыцIалэр къызыхэкIыр, абыхэм я къежьэкIэр. Абы фIыуэ щымыгъуазэ IэщIагъэлIым профилактикэ Iуэхугъуэхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэм хищIыкI щIагъуэ щыIэнукъым. Узыфэр къэзыгъэхъейхэр Iэщым пкърохьэри, абы и кIуэцIым щобагъуэ, абы ар сымаджэ ещI. Апхуэдэу уз зэрыцIалэр къашэнкIэ хъунущ хьэпIацIэхэми.Патогеннэ микроорганизм жыхуэтIэм къигъэхъея узым Iэщым и Iэпкълъэпкъхэм зретри, къеузу щIедзэ, псэущхьэм ишхыр пкърыхьэркъым. Уз зэрыцIалэр Iэщ псоми зэхуэдэу къайуалIэркъым, ар Iэджэуи зэщхьэщокI икIи зэрызэхагъэкIыр ар къэзыгъэхъея вирусыр зыхуэдэр къащIэурэщ.
Уз зэрыцIалэр Iэщым нэхъ тыншу пкърыкIын папщIэ ар нэхъыфIу гъэшхэн, къабзэу, псэуалъэ хуабэм щIэту Iыгъын хуейщ. Микрофлорэхэм уз зэрыцIалэхэр къагъэхъеинкIэ хъунущ Iэщыр зэрыIыгъын хуей хабзэр щамыгъэзащIэм деж.Узхэр нэхъыщхьэу Iуэхугъуищым къашэ: япэр – Iэщ сымаджэм адрейхэр ецIалэ, етIуанэр – уз зыпкърыт Iэщыр щышха шхалъэмкIэ, абы и шхахуэмкIэ ицIэлэнкIэ мэхъу. Ещанэр – ар кърагъэуалIэ вирус зэмылIэужьыгъуэхэм. Ахэр нэхъыбэу хуэлъэщ Iэщ лъэрымыхьхэм. Апхуэдэхэр уимыIэмэ, узыфэ къэзыгъэхъей вирусхэри щыIэнукъым. Узыфэхэр гъэкIуэдын папщIэ ветеринархэм я къалэнщ Iэщым профилактикэ Iуэхугъуэхэр драгъэкIуэкIыну. Iэщым я щытыкIэр къэпщытэн, и зэманым узыфэр къэхутэн, ар псынщIэу гъэкIуэдын лэжьыгъэхэр я пщэ дэлъщ Iэщ дохутырхэм. Уз зэрыцIалэр къэмыхъеин папщIэ абыхэм Iэщым мастэкIэ хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирахьэлIэн хуейщ.ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа Iуэхугъуэхэр тэмэму къызэрагъэпэщмэ, Iэщым хъеру къыпахым хэгъэхъуэнымкIэ, ерыскъыпхъэ программэр гъэзэщIэнымкIэ сэбэпыныгъэшхуэ иIэнущ.
 

Епсэлъар ШАФИЙ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также: