Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр

Куржы щIыналъэм щызекIуэ щIыпIэ фIэщыгъэ куэдым я лъабжьэр адыгэбзэм къызэрыщежьам икIи ахэр щызекIуэ Куржым и Iыхьэм адыгэхэр зэрисам топсэлъыхь куржы щIэныгъэлI Джанашиа Симон. 
Тхыдэ пасэми иджырейми ущелэжькIэ, фIэщыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр IупщI мэхъу. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, тхыдэм къыдит цIэ, унэцIэ, щIыпIэцIэхэм я фIыгъэкIэ Куржыми, Кавказ псоми я тхыдэм уроплъэф. Псалъэм папщIэ, Куржым лъэхъэнэжьым щыпсэуахэр кърипщIэн папщIэ, щIыпIэцIэхэм нэхърэ нэхъ тегъэщIапIэфI щыIэкъым. Тхыгъэхэм абы теухуауэ къыбжаIэр мащIэщ. ИтIани, а Iуэхум щIэх-щIэхыу зэрызи-хъуэжым уегупсысмэ, щIыпIэцIэхэми ущагъэбэлэрыгъ куэдрэ къохъу.
 ГурыIуэгъуэщ бгъэдыхьэкIэ Iэмалхэр зэрытIасхъэм къыхэкIыу, щIыпIэцIэхэм щыуагъэ куэдым ухуашэнкIи зэрыхъунури. Ар къыпщымы-щIын щхьэкIэ, фIэщыгъэхэр зэрызэхэлъ Iыхьэхэм еплъын хуейщ. 
Куржы КъухьэпIэм нэхъ щызекIуэ щIыпIэцIэхэм я зы лIэужьыгъуэщ «-псэ»-кIэ иух фIэщыгъэхэр. Псом япэ абыхэм хэбгъэхьэфынущ Гурием щыIэ «Супсэ» псыежэхыр. Ар къыхэдгъэщхьэхукIыным дрихулIащ псыежэ-хыр къыщыщIэж «Суреби» къуажэм и цIэм. Иджыри - «Никопсие», е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, «Никопси» цIэри къыхощ Куржым и тхыдэм. Абы щхьэкIэ нобэми «Ничепсухо» жаIэу къокIуэкI. Абы и къежьапIэм и ищхъэрэкIэ «Псыкупс» псыежэхри щыIэщ. 
Аращи, -пса формантым псыцIэхэр къегъэхъу. Абы шэч хэлъкъым. Апхуэдэ дыдэу шэч къытетхьэркъым а псалъэпкъ Iыхьэр адыгэбзэм къызэ-рыхэкIам, «псы», «псыежэх» мыхьэнэр иIэу. А псы- Iыхьэр пытщ иджырей Адыгэ Хэкум ит псыежэх куэдым я фIэщыгъэхэм.  
Иджыри гу лъыттащ а Супсы район дыдэм -къуэ формантым узэрыщыхуэзэм. А Iыхьэр зыхэт фIэщыгъэхэр Хино-Дагвэ бгым деж щыIэщ.
 Иужьрей къэхутэныгъэхэм наIуэ къащIащ зи гугъу тщIы псалъэ Iыхьэхэм нэгъуэщI щIыпIэхэми узэрыщрихьэлIэр: Бокъуэ – Рачи, Акъуэ, Абзакъуэ – Абхъаз щIыналъэм. Доцент Цинцадзе Иасе хъыбар къыдигъэ-щIащ Гурием «Бэрыкъуэ» и цIэу псыежэх цIыкIу зэрыщыIэмкIэ. А -къуэ-ри адыгэбзэм къыхэкIауэ худогъэфащэ.
Аращи, ди дежкIэ IупщI хъуащ Куржы КъуэкIыпIэм ущызрихьэлIэ щIыпIэцIэхэу къуэ-кIэ иуххэр адыгэбзэм къызэрыхэкIар. Худогъэфащэ куэд дэмыкIыу адыгэбзэм ещанэ псалъэпкъ къыхэтхутыкIыну, ар -пэ-ращ. А псалъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр - «пэщ», ауэ нэгъуэщI мыхьэнэ куэди къызэщIеубыдэ, псалъэм папщIэ, «псым и кIэ, и пэ». Адыгэбзэр зи лъабжьэ а фIэщыгъэхэр щыхьэт наIуэ мэхъу зэман пасэм а щIыпIэхэм адыгэхэр зэрисамкIэ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: