Жылагъуэ

ТехникэщIэхэр нэхъыбэ мэхъу

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм къащэхуащ техникэ зэмылIэужьыгъуэу 54-рэ. Абыхэм ящыщу 46-р тракторщ, 6-р гуэдз зэрыIуахыж комбайнщ, 2-р къэкIыгъэхэр зэрызэрахьэ нэгъуэщI техникэщ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым ирихьэлIэу къахуэщэхуам нэхърэ ар 24-кIэ нэхъыбэщ.

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIуощIэ

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къащхьэщыжынымкIэ «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ и къудамэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэмрэ зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и прокурор Карпов Александр щIыналъэм щыщу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIащ. СВО-м къалэн щезыхьэкI, пIалъэкIэ я унэ къекIуэлIэжа зауэлIхэм абы зыхуагъэзащ уIэгъэ хъуахэм ират федеральнэ, щIыналъэ мылъкум, я псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным и IуэхукIэ.

Iэщ щхьэ бжыгъэм къыхохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм гъатхэпэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер хозяйствэхэм, уней IуэхущIапIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту Iэщрэ джэдкъазу яIыгъым я бжыгъэм къыхэхъуащ.

ХьэрычэтыщIэхэм зыщIагъакъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ я IэнатIэхэм (МСП) щыпэрытхэм зэрыхудачых кредит ахъшэхэр етынымкIэ республикэм щыIэ банкхэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирагъэкIуэкI. Урысейм и Лъэпкъ банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ сом мелард 16,0 банкхэм иратащ, абы щыщу сом меларди 4,9-р уней IуэхущIапIэхэм.

Бытырым и мардэр

КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и ЩIэныгъэлI зэIущIэм унафэ къищтащ ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и суннэмрэ ар щэхьабэхэм зэрызэпкърахамрэ тету, 2024 гъэм и бытырым и нэхъ мащIэр соми 100 хъууэ. 

Iуэхур ягъэзэкIуэжащ

Иджыблагъэ Грознэ къалэм къыщызэIуахащ Урысей псом щыяпэ, цIыхухэм я пенсэхэр яхуэгъэувынымрэ социальнэ страхованэмкIэ дэфтэр хъумапIэ нэхъыщхьэ.
Централизованнэ архивыр къыщызэIуахащ Урысейм пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ и Фондым и къудамэу Шэшэн республикэм щыIэм и хэщIапIэм пэгъунэгъуу.

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр

«Урысей» дунейпсо гъэлъэ­гъуэныгъэ-зэхуэсым хыхьэу мы махуэхэм ВДНХ-м и 75-нэ ­павильоным къыщеджащ адыгэ, балъкъэр усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм. 

Бзэмрэ псэмрэ зэпыщIащ

«Унагъуэр еджэмэ - къэралри йоджэ» къыхуеджэныгъэм щIэту 2024 гъэм гъат­хэпэм и 23 - 31-хэм къэралым и дэнэ щIыпIэкIи щрагъэкIуэкIащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абыхэм хыхьэу Налшык къалэм Сабийхэмрэ щIалэ­гъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэлэмэт къыщы­зэрагъэпэщат. Ар хуэгъэпсауэ щытащ сабийхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыным, тхылъ еджэным дегъэхьэхыным, щIыпIэм и тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыгъэ­гъуэзэным, лъэпкъ тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм фIыуэ хащIыкIыу щытыным. 

НэхъыфIхэм хабжэ

Дунейпсо IэщIагъэлIхэри къыхашэу, Моск-ва щекIуэкIащ Неврологхэм я етIуанэ конгресс. Абы и утыку къыщрахьащ щхьэ куцIым щызекIуэ лъым игъуэта сэкъатым еIэзэнымкIэ лэжьыгъэм и пIалъэ нэхъыфI къэзыгъэлъэгъуахэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр. ­Урысейм и щIыналъэхэу ехъулIэныгъэ зиIэу къалъытахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрри. 

Яхуэ­лъэщ сабийхэми

Фошыгъу диабетыр дунейпсо медицинэр зыIууэ узыфэ ­нэхъ гугъухэм икIи хьэлъэхэм хабжэ.  Мы зэманым фошыгъу узыр къефыкIыу дуней псом тетщ цIыху мелуан 450-рэ, абыхэм я нэхъыбэм - мелуан 424-м - узыфэм и 2-нэ лIэужьыгъуэр япкърытщ, нэгъуэщIу жы­пIэмэ, инсулиныр яхури­къуркъым. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Урысейм а узыр зыпкърыту щыпсэухэм я бжыгъэр мел­уани 5-м ноблагъэ. Иужьрей зэманым дохутырхэр нэхъ игъэгузавэ хъуащ а узыфэр зэуалIэхэр нэхъыбэ зэрыхъум, ди жагъуэ зэрыхъунщи, балигъхэм я мызакъуэуи ар  яхуэ­лъэщ сабийхэми.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ