Жылагъуэ Iуэхухэм хуэжыджэрхэрВэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щагъэлъэпIащ илъэсым къриубыдэу щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэу ехъулIэныгъэ зиIахэр. - Хабзэ зэрыхъуауэ, ди IуэхущIапIэм зэныбжьэгъухэр щызэхуос, ди гъунэгъуу псэу лъэпкъхэм я дунейм зыщыдогъэгъуазэ. Мы гъэм къриубыдэу фондым апхуэдэ зэхыхьэ 68-рэ иригъэкIуэкIащ. Ахэр щхьэпэ хъуащ зэгъунэгъуу псэу лъэпкъхэр нэхъыфIу зэрыцIыхунымкIэ, - жиIащ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ. - Псом хуэмыдэу къыдэхъулIащ «Ди зэкъуэтыныгъэрщ ди къарур» лъэпкъ щэнхабзэ фестивалыр. Республикэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм къадэкIуэу абы студентхэри къыхэтшащ. КъищынэмыщIауэ, ЩэнхабзэмкIэ фондыр щытекIуащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа «Мылъку къегъэщIыным пымылъ IуэхущIапIэ нэхъыфI» зэпеуэм. Илъэс 35-м щIигъуауэ зым и лъэпкъ щэнхабзэм адрейр хыдогъэгъуазэ. Ди къалэн нэхъыщхьэр а псом щIэблэр щIэтпIыкIынырщ, лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэ дахэхэр, пщIэр, нэмысыр едгъэщIэнырщ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
|