ЩIыхуэ тыжыкIэ

Iуэтэж

(ЕтIуанэ Iыхьэ)

Ар жиIэри, унэгуащэм и жыпым хъыдан зэкIуэцIыпха тIэкIу кърихащ. ХьэщIитIми ялъагъуу ар зэкIуэцIихри, хугу IэмыщIэ мыхъуну кIуэцIылъым щыщ зы хьэдзэ къыхихащ, ар плIыуэ зэгуигъэпкIри, Iыхьищыр хугум хилъхьэжри, хъыданыр зэкIуэцIипхэжащ. Ар и жыпым ирилъхьэжа нэужь, къэна Iыхьэ плIанэр унэгуащэм илъэсри, псы къавэм хидзащ. Куэд дэмыкIыу Хъуэжэ и фызым хьэкум къытрихыжащ бахъейр къыхихыу пIастэ шыуан. ЗэкъуэшитIым я нэр зэблэжащ.

- Дэ дыкъыщIэкIуар.... - къригъэжьащ зым.

- СощIэр, - иIэтащ и IитIыр Хъуэжэ. - Зыри къэмынэу сощIэр. А зиунагъуэрэ, фыдэкIыжри, си щхьэр фIэзудыжу сыщысащ: фэри фыкъызэупщIакъым, сэри сигу къэкIыжакъым тхьэкIумэкIыхьым фызэрепсэлъэну бзэр фэзгъэщIэну.

- ТхьэкIумэкIыхьыр зэпыту укIуэ, ар къызыхэкIам хыхьэжащ, - жиIащ нэхъыжьым. - Абы щыгъуэ дыкъэбгъэпцIами, мы уи хугур къыздипхар къыджыIэ, Хъуэжэ.

- Уэлэхьэ, сэ ар вжесIэ мыхъуну, хъуми, ар здэщыIэм фымыкIуэфыну. Мо фызыжьым и жыпым ирилъхьэжа хугу IэмыщIэр илъэситI-щыкIэ дрикъунущ. Индыл адэкIэ зекIуэ кIуа зыгуэрым къысхуихьыгъат мыр, жылапхъэ IэмыщIи и гъусэу.

- Хъуэжэ, - жаIащ зэкъуэшитIым, - ди щIыхуэри ирикъункIэ пIыгъащ. Ауэ ари хьэлэл пхухъу, къыпIытхыжыркъым, хугу хьэдзитIрэ жылапхъэ хьэдзэ зытхухрэ къыдэт.

- Уэлэхьэ, сымыщIэ, - зрелъэфыхь Хъуэжэ, и нэщхъыр зэхэлъщ. - Мыр къысхуэзыхьам псалъэ естауэ щытащ... ЗыгуэркIэ зэхихыжмэ, си напэр къытемыхьэжыну текIащ.

- Ди жьэ къыжьэдэдгъэкIынкъым. КъурIэнкIэ тхьэ пхудоIуэ.

- Тобэ Iэстофрилэхь, - къэтэджащ Хъуэжэ, - ди тхьэ, гуэныхь сщумыщI нобэ сэ мы тIум сагъащIэр. Уэ, фызыжь, хьэдзитI ет мыбыхэм. ХьэдзитI! КъыбгурыIуа? Сэ сыкIуэнщи, а жылапхъэм щыщ зыщыплI къахуэсхьынщ.

- Зыхыбл, - еплъащ абы зэкъуэшхэр.

- ЗыщыплIыр зэвгъэзэгъ. Сэ хэссэну сиIэр мащIэ дыдэщ, ауэ фыкъэзгъэгугъа хъуащи, сыт сщIэн, фэстынщ.

Гуэным кIуэри, пхъэ ашыкышхуэм илъ ху мыужьгъым щыщ зыщыплI къыхихри, къахуихьащ. Хъуэжэ и фызым и жыпым илъ хугум щыщ цIыкIуитI къыкIуэцIихри, а псори хъыдан кIапэ хукIуэцIалъхьащ, сэлам ирахыжри зэкъуэшитIыр ирагъэжьэжащ.

- Хъуэжэ дигъэунащ! - зэрыщIэгуэжащ а тIур унэм. - ПсынщIэу пIастэпс тевгъэувэ. Ар къэвэху дэ дыкIуэнщи мы жылэхэр хэтсэнщ.

Псыр къэвэху, щIалитIыр щIэкIри, гъатхэпэ мазэти, ху жылэ къратар хасащ. Джэдым къыщIамыхыжын щхьэкIэ банэ гуэри тралъхьэри, унэм щIыхьэжащ. Псыр къэвати, зэкъуэшитIым язым хугу хьэдзэр зэгуигъэпкIщ, и Iыхьэ плIанэм псы дигъэжэхри, къавэу хьэкущхьэм тет шыуаным хидзащ.

- Ар сыт, на-а, абы хэбдзар? - щIэупщIащ нэхъыщIэм и фызыр.

- Хугу хьэдзэ плIанэр пIастэ шыуан мэхъу, ди нэкIэ тлъэгъуащ, - жиIащ абы и лIым.

- Тлъагъумэ тIуэтэжынщ, - зэплъыжащ нысащIитIыр. Зэплъыжри, «пIытхъ» жаIэу къыщиудри, дыхьэшхащ.

Хугу хьэдзэм и Iыхьэ плIанэр мавэр, бэлагъымкIэ нысащIитIым чэзууэ зэIащIэ, ауэ пIастэ хъун дэнэ къэна, хьэдзэ плIанэ халъхьари хэкIуэдащи, халъэгъуэжыркъым, псы къавэм зэпкърихри, лъыхъуи пэт, Iу бахъэу хэкIуэдащ. Къэнэжар хаса хурати, гъэ псом абы пэплъащ. Ар хъуа нэужь, ягъэлъэлъэжри пIастэ ящIыну щыхуежьэм, я фIэщ хъуащ Хъуэжэ аргуэру къызэригъэпцIар.

- Мы дунейм псэууэ тедгъэтынкъым! - я къамэхэр щIакъузэ зэкъуэшитIым. - Иджы дыкIуэрэ ахъшэр къыдимытыжым, деуэнщи дыукIынщ.

- ФыпыкI жытIатэкъэ мы Хъуэжэ, - жаIащ нысащIитIым. - Аргуэру фыкъигъэпцIэнущ, фи напэр тримыхыу къэвгъанэ мыр. Дыщэ туман щхьэкIэ Къэбэрдей псом фи напэр щытревгъэхыну?

   АрщхьэкIэ дэнэт! ДэшэсыкIри, кIуащ Хъуэжэ и деж. А зэманым ирихьэлIэу Хъуэжэ губгъуэм иту къигъуэтат шы пщIэгъуалэжь гуэр, къупщхьэрэ фэрэ фIэкIа зыри кIэрымылъу. Тхьэм ещIэт ар дэзыхуар, къысхуэпщIэм нэхърэ пшхыр нэхъыбэщ, жиIэу. НтIэ, Хъуэжэ ар унэм къишауэ и бом щIэтт, тIэкIу игъашхэу, зыкъригъэужьыжу ирипсэуну н мураду. Езы Хъуэжэ и унагъуэр иригъэпсэуну иIэр зы дыщэ сом закъуэт, ари зыгуэрым хуэлIыщIэри къритауэ. А дыщэ сом закъуэр стIолыщхьэм щигъэкIэрахъуэу здэщысым, къилъэгъуащ куэбжэм къыIухьа шууитIыр. Шэч хэлъкъым, зи щIыхуэ телъхэрат. Сыт ищIэнт, «къыщIэкIри куэбжэр Iуихащ, пщIантIэм къыдигъэхьэри, зэкъуэшитIыр къригъэпсыхащ, шыхэр бом щIишэри ирипхащ. ЩIалитIым ямылъагъуу Хъуэжэ дыщэ сомыр и пщIэгъуалэжьым кIэщIидзащ. ПщIантIэм къыдыхьэжа нэужь, щIалэ нэхъыжьым къригъажьэри Хъуэжэ жриIащ:

- Иджы, Хъуэжэ, мащIэри дыкъэбгъэкIуакъым, мащIэри дыкъэбгъэпцIакъым. Уилъ къэтхьынуи дыхуейкъым, уи зэрани дылъыхъуэркъым, ауэ ди щIыхуэр къыдэтыж.

- ПцIыуэ зы псалъэ жыпIэркъым, - хоплъэ Хъуэжэ. - ПIалъэу фхуэсщIам къыхэжыжынкъым, иджыри зы пIалъэ фхуэсщIынущи, мы зэм фыкъыспэплъэж.

- Зы дакъикъэ дыныппэплъэнукъым! - зыкъратIащ зэкъуэшитIым.

- Сэ сызыщыгугъыр алыхьырщ, алыхьым нэмыщIкIэ мо бом щIэту флъэгъуа си пщIэгъуалэжьыращ.

- Сыт а дэ тлъэгъуа шы къабыргъэм ущыгугъкIэ?

- ФынакIуэт... Е, зэ фымыпIащIэ, шэджагъуэ азэныр къэвгъаджэ, мис итIанэ псори флъагъунщ...

Шэджагъуэ азэныр къэджа нэужь, Хъуэжэ зэкъуэшитIыр бом щIишэри, пщIэгъуэлэжьым бгъэдишащ, пхъэшыкъум еупсея башыр къищтэри, шым къыкIэрыхуар зэIищIэу щIидзащ. ТIэкIу дэкIри, цIуужу дыщэ сомыр къыхихащ. ЗэкъуэшитIыр зэплъыжащ.

- Мис, - жиIащ Хъуэжэ, - махуэ къэс, шэджагъуэ азэныр къэджа нэужь, мы си шыжьым дыщэ сом къыкIэроху. Зы тхьэмахуитI хуэдиз фыкъыспэплъэжам, фи тумэныр фэстыжынут. ФыкъызэрызгъэпцIам и щыхьэту мы дыщэ сомыр фызот, - хуишиящ сомыр щIалитIым.

ЗэкъуэшитIым ахъшэр Iахакъым, ауэ шым и Iуэхур гъэщIэгъуэн ящыхъуащ, зэрыIушщ зэхъуцацэри, шыр ярищэну елъэIуащ. Хъуэжэ, Iэли уди, идакъым. «Аращ сэ сызыкъуэпсэукIыр, шхын щхьэкIэ сывгъэлIэну ара?» - и пIэм яхуичыркъым.

- Ди тумэныр хэкIыжу шым и уасэр жыIэ, - кIэрыкIыркъым мо тIур.

Хъуэжэ пхъэшыкъум тетIысхьэри, хэгупсысыхьащ. Дакъикъэ щысащ, дакъикъипщIи блэкIащ.

- ЛIо, зыри жыпIэркъыми, Хъуэжэ? - къоупщI зэкъуэшхэр.

- Зыри щIыжызмыIэр фэри фщIэн хуейщ, - жиIащ Хъуэжэ. - Сэ си псэр зыхэлъыр а шыращ. Дауэ сэ сызэрыпсэунур ар симыIэжмэ? Фэзмыщэми соукIытэ, фи ахъшэ стелъщ, сэ сыкъулейсызщи, дыщэ тумэныр схузэхуэхьэсыркъым. Мыбы къыкIэрыху сомыр шхыни щыгъыни щIын хуейщ.

- ЖыIэ и уасэр, - трагъэчыныхь. - ЩIэпщIэну шы уэттынщ, къэпшыну жэм къыпхуедгъэхунщ. ЛIо, махуэм сом къыкIэрыхуну жыпIэу уеплъу ущысыну мы пщIэгъуалэжьым?

- Ари пэжщ, - щэтащ Хъуэжэ. - ИIэ-тIэ, уасэ хуэдвгъэщI. Шым махуэ къэс дыщэ сом къыкIэроху. Дапщэрэ псэурэ шыр?

- ИлъэсипщI, - жиIащ нэхъыщIэм, -  ауэ уи шыр шыжь дыдэщ.

- И ныкъуэр кIэрызогъэху, - акъылэгъу хъуащ Хъуэжэ. - Дывгъэбж а илъэситхум сом дапщэ къыкIэрыхунуми.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

АЛО ЛутIэ.

Поделиться:

Читать также: