ЯгъэщIэращIэ, зэIузэпэщ ящI

 Иужь зэманым Налшык и уэрамхэр, пщIантIэхэр, хадэхэр хэпщIыкIыу ирагъэфIэкIуащ. Абы теухуауэ иджыблагъэ дэ депсэлъылIащ къалащхьэ администрацэм и лэжьакIуэ Хьэкъун Аскэрбий.
- Аскэрбий, щыгъуазэ дыхуэпщIам арат къалэн нэхъыщхьэу зыхуэвгъэувыжым.
- Къалэн нэхъыщхьэу дэ къытпэщылъыр ди къалащхьэм и уэрамхэр тэмэм щIынырщ, гъуэгухэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ къиуда ямыIэу. КIэрыхубжьэрыхур и чэзум дашыным, уэрамхэр къабзэу щыгъэтыным къинэмыщIауэ, щхъуантIагъэхэр хэсэнри дэращ зи къалэныр. Налшык, Хьэсэней, Белая Речкэ, Iэдииху, Вольнэ Аул – абыхэм ди нэIэ ятетщ зи гугъу сщIа Iуэхухэм теухуауэ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, парк цIыкIухэр къызыдогъэпэщ, тетIысхьэпIэхэр, пхъэнкIий идзапIэхэр, уэздыгъэхэр догъэув, хадэхэр догъэщIэращIэ.
Мы гъэм къалэну зыхуэдгъэувыжауэ хъуар тхуэгъэзэщIэнукъым, ауэ и нэхъыбэр зэфIэдгъэкIыфынущ. 
- Иужь илъэситIым лэжьыгъэшхуэ зэфIэвгъэкIащ, Аскэрбий. Абы гу лъумытапIэр иIэкъым. НобэкIэ нэхъ тегъэчыныхьауэ фызэлэжьыр, псом я щхьэу къэфлъытэр сыт?
- КъызэтедмыгъэувыIэу гъуэгухэм делэжьынущ, Тэрчокъуэм и уэрамым къыщызэIутхынущ цIыхухэм зыгъэпсэхупIэ яхуэхъун хадэ цIыкIу, щхъуантIагъэкIэ гъэнщIауэ. Абы пэмыжыжьэу удз гъэгъахэр, жыгхэр щыхэтсэнущ. Ахэр федеральнэ программэм ипкъ иткIэ зэфIыдогъэкI. Къалэм и мылъкум щыщкIэ дгъэдэхэнущ 115-нэ шууей дивизэм и фэеплъ утыкур. Абдеж парк къыщызэIуахынущ, абы итыпхъэ псори щыIэщ. Лениным и проспектымрэ Осетинскэмрэ, Къэбэрдей уэрамымрэ Осетинскэмрэ щызыпыхьэхэм деж дахэу гъэщIэрэщIауэ парк цIыкIухэр къыщызэIуахынущ.
  Хьэкъун Аскэрбий зэрыжиIащи, къалащхьэр дэри зэрытлъагъущи, увыIэгъуэ имыIэу ягъэщIэращIэ. Къалэдэсхэри хьэщIэхэри зыгъэгуфIэщ дахагъэм ехьэлIа сыт хуэдэ лэжьыгъэри.
ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: