Ласицкене Марие ещанэщАтлетикэ псынщIэ
Ласицкене Марие ещанэщ
«Королева российского спорта» зи фIэщыгъэцIэ зэхьэзэхуэр Екатеринбург щекIуэкIащ, ди къэралымрэ Беларусь Республикэмрэ я спортсмен пашэхэу 400 хэту. Ахэр атлетикэ псынщIэм и спорт лIэужьыгъуэу 36-кIэ зэпеуащ.
Олимпиадэм текIуэныгъэ къыщызыхьа, дунейпсо чемпионатым щэнейрэ щытекIуа, нэгъуэщI ехъулIэныгъэшхуэхэри зиIэ Ласицкене Марие лъагагъ къэщтэнымкIэ ещанэ увыпIэрщ мыбы къыщихьар. Ар зыщхьэпрылъар метр 1,91-рэ мэхъу. Япэ увыпIэр къэзыхьа Королевэ Кристинэ метр 1,93-рэ къыхуэщтащ, етIуанэр зыубыдар Беларусым и спортсменкэ Демидик Каринэщ (метр 1,92-рэ).
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен Добренький Александр дискыр метр 59,88-кIэ идзри, етIуанэ увыпIэр къихьащ.
Дзюдо
Ди щIалэхэм - медалиплI
ДзюдомкIэ СССР-м и япэ тренер Андреев Владлен и фэеплъу Москва урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Мыбы спортсмен цIыхухъурэ цIыхубзу 400 хуэдиз хэтащ, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэу 23-м къикIауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэм медалиплI мыбы къыщахьащ.
Килограмм 90 зи хьэлъагъ гупым Пщынокъуэ Астемыр япэ увыпIэр, Байсиев Таулан етIуанэ (килограмм 81-рэ), Къуэдз Къантемыррэ (килограмм 66-рэ) Уянаев Ислъамрэ (килограмм 81-рэ) ещанэ увыпIэхэр яубыдащ.
Пауэрлифтинг
Дыдейхэр нэхъ лъэщт
«Адыгейм и къарур» фIэщыгъэцIэм щIэту ди къуэш республикэм пауэрлифтинг спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха щекIуэкIащ, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщу спортсменищэ хэту. Ди республикэм икIахэм а зэпеуэм япэ увыпIэр къыщахьащ. Я цIэр къитIуэнщ: Кумыщ Мартин, Къумыкъу Резуан, Машэжь Темыркъан, Пэунэж Руслан, Къущхьэ Ростислав, Къейтыкъуэ Марат, Хъурзокъуэхэ Астемыррэ Амиррэ, Блий Алихъан.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|