Бэлахъуэм и гъэсэнхэрКъыргъызым мы махуэхэм щекIуэкIащ тхэквондо GFT-мкIэ дунейпсо чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абыхэм хэтащ къэрал 27-м къикIа цIыху миным щIигъу. Тхэквондо GFT-р ар проект щхьэхуэщ, аутизм зиIэ сабийхэм спортым зыхуагъэсэным хуэунэтIауэ. Зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэм япкъ иткIэ, Урысейм и гуп къыхэхам япэ увыпIэр къахьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, а текIуэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIари - ди щIалэхэм узэрыгушхуэн зэфIэкI лъагэхэр зэпеуэм къыщагъэлъэгъуащ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|