Хэти и гур зэщоуэ, хэти пашэныгъэм хущIокъу

ФУТБОЛ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гъэмахуэ чемпионатым и етIуанэ къекIуэкIыгъуэм щIидзащ. Абы командэхэр ирихьэлIащ гукъыдэж зэхуэмыдэ яIэу.

Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиIыгъщ иджыри зыми къыхимыгъэщIэфа икIи и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «Искра»-м очкоищкIэ щхьэщыкIа Псынэдахэ и «Родник»-м. Иужь зэIущIитIым абы и очко бжыгъэм 6 хигъэхъуащ. Шэджэм къикIа «Шэрджэсым» гугъу ехьу текIуамэ, «Акъбащым» ар тыгъэ къыхуищIащ, къызэрымыкIуам къыхэкIыу.
«Искра»-ми апхуэдэ саугъэт къылъигъэсащ «Урыхум». ЯпэщIыкIэ ахэр Лэскэн щIыналъэм щызэIущIати, хьэщIэхэр бжыгъэшхуэкIэ текIуащ. Абы иужькIэ Алътуд щызэхуэзэн хуейти, хъуакъым. Урыхудэсхэм къалъытагъэнщ, я деж къакIуэу къыщыхагъэщIакIэ, кIуэмэ Iисраф къыхалъхьэну. Ар къемызэгъщ икIи спорт зэхьэзэхуэр зыгъэпудщ - Iэмал уиIэхукIэ уныкъуэкъуэн хуейщ. 
Зэрылъэщщ «Тэрч» командэри. Малкэ къуажэм щыIэу ар хэгъэрейхэм я гуп лъэщым бжыгъэшхуэкIэ ефIэкIыфащ икIи «Родник»-мрэ «Искра»-мрэ ядэщIыгъуу чемпионыгъэм адэкIи зэрыщIэбэнынум шэч хэлъкъым. 
Турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэми щызэрызохьэ. Иужь дыдэу щыт Бахъсэн и «Имран»-р блэкIа зэIущIитIми бжыгъэшхуэкIэ къыщыхагъэщIащ Зеикъуэрэ Налшыкрэ. Абыхэм я закъуэ топ пщыкIущ я ­гъуэм къызэрыщыдагъэкIар къэплъытэмэ, бахъсэндэсхэм я Iуэхухэр щIагъуащэкъым. 
ЩытыкIэ гугъум икIыну хущIокъу «Имран»-м пэмыжыжьэ «Псыгуэнсумрэ» «Дохъушыкъуеймрэ». Турнир таблицэми, щIыналъэкIи зэпэгъунэгъу дыдэ а гупитIым я зэIущIэм старэшэрэдждэсхэр щытекIуащ. Ар Псыгуэнсу къызэрыщыхъуар телъыджэщ, апхуэдэ куэдрэ узэрыримыхьэлIэм къыхэкIыу. 
Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ зэхэта зи чэзу зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: епщыкIуханэ джэгугъуэ - «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) - «Дохъушыкъуей» (Старэ Шэрэдж) - 0:2, «Урыху» (Урыху) - «Искра» (Алътуд) - 1:4, «Шагъдий» (Зеикъуэ) - «Имран» (Бахъ­сэн) - 8:3, «Ислъэмей» (Ислъэмей) - «Акъбащ» (Акъбащ Ищхъэрэ) - 10:1, «Родник» (Псынэдахэ) - «Шэрджэс» (Шэджэм) - 2:1, «Малкэ» (Малкэ) - «Тэрч» (Тэрч) - 1:5.
 ЯгъэIэпхъуахэм ящыщу бэрэжьейм зэхэтыжахэр мыпхуэдэу иухащ: «Спартак-Д» (Налшык) - «Имран» - 5:0, «Шагъдий» - «Шэрджэс» - 4:1. КъищынэмыщIауэ а махуэм «Искра»-м Алътуд къыщригъэблэгъэн хуеящ «Урыхур», «Родник»-р Псынэдахэ щыIущIэну ­траухуат «Акъбащым». АрщхьэкIэ ахэр зэхэтакъым, къызэрыхэдгъэщащи, нэхъапэIуэкIэ щыIа зэIущIэхэм (щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ) бжыгъэшхуэ дыдэкIэ къыщыхагъэщIа хьэщIэхэр къызэрымыкIуам къыхэкIыу икIи, футбол хабзэм тету, хэгъэрейхэр 3:0-у текIуауэ ­ятхащ. 
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр дызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зэхэтынущ. А махуэхэм зэдэджэгугущ: нобэ - «Шэрджэс» - «Псыгуэнсу», «Имран» - «Кэнжэ», «Урыху» - «Спартак-Д», «Тэрч» - «Родник»; пщэдей - «Дохъушыкъуей» - «Шагъдий», «ЛогоВАЗ» - «Ислъэмей», «Акъбащ» - «Малка» командэхэр. 

ХЬЭТАУ Ислъам.
Поделиться: