Адыгэхэмрэ дигорхэмрэКануков (Хъанухъти) унэцIэр зезыхьэ лIакъуэр лъабжьэжь зиIэ осетин алдар (пщы) лъэпкъым хеубыдэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ абыхэм яубыд Донифарс жыхуаIэ щIыпIэр. 2017 гъэм Владикавказ дэт Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ институтым къыдигъэкIауэ щытащ бзэ зыбжанэкIэ (осетиныбзэ, урысыбзэ, тыркубзэ) зэхэт «Есе Кануков» тхылъыр. Кануковхэ я лъэпкъым и къежьапIэм, я лъапсэжьыр къазэрыIэрыхьа щIыкIэм, дигорхэм хуитыныгъэ къахуэзыхьыжа Кануков Есе зэрихьа лIыгъэм теухуа уэрэдхэр, урысыбзэрэ тыркубзэрэ абы теухуауэ щыIэ зэдзэкIыгъэхэр, гукъэкIыжхэр, щIэныгъэлI лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсащ а тхылъым. Ди дежкIэ мыхьэнэ нэхъыщхьэ зиIэр абы Къетыкъуэ Аслъэнбэч и цIэр къызэрыхэщырщ. Донифарс къуажэр пщыгъуэ щхьэхуэу зэманкIэ щытащ. Езы лъэпкъым щызекIуэ хъыбарым ипкъ иткIэ, зызэман а щIыпIэр къэбэрдеипщ Къетыкъуэ Аслъэнбэч иубыдыну ехъуэпсати, Есе и лIыгъэм иригъэкIуэтри, апхуэдэ Iэмал къиритакъым. Дэтхэнэ IуэрыIуатэми ещхьу, Iуэхум и пэжыпIэр зыгурыбгъэIуэну тыншкъым. Тхыдэджхэм гу лъатащ уэрэдым зи цIэр къыхэщ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ Кануков Есерэ щыпсэуа зэманкIэ зэрызэтемыхуэм. Нэхъ гурыIуэгъуэу къэхъуам топсэлъыхь а лъэпкъ дыдэм щыщу, Есе къытепщIыкIыжа, Куржым щыпсэу Кануков Константин. Абы къызэриIуэтэжымкIэ, осетин лIыхъужьыр зэпэщIэувар Къетыкъуэ Аслъэнбэч и къуэрт. «1916 гъэм си адэм Тыркум кърахауэ фоч гуэр къыIэрыхьауэ щытащ, - игу къегъэкIыж Константин. – Псалъэмакъ куэд къекIуэкIащ абы теухуауэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ди лъэпкъыр зыщыщ Донифарс щIыпIэм а фочыр зыхэта Iуэхугъуэ щекIуэкIат. Къэбэрдеипщхэм Дигориер я тепщэгъуэм щIагъэувэну щыхуейм щыгъуэ, Кануков Есе япэщIэувэри, я хъунщIэтеуэхэри, щIыпIэр яубыдын гукъыдэжри яхузэпиудауэ щытащ». Хъыбарыр Константин езым и адэм къыжриIэжащ. Дэри ар зэрыщытыххэу фи пащхьэ идолъхьэ: «Зэгуэрым Къетыкъуэ Аслъэнбэч и къуэр, и дзэр щIыгъуу, Дигорием къихьэри, Кануков Есе лIыкIуэ хуигъэкIуат, и цIыхухэмрэ ишхэмрэ жэщ екIуэлIапIэрэ шхынрэ къаритыну унафэ хуищIу. Есе лIыкIуэхэм къажреIэ: «Вгъэзэжи, фи пщым жефIэ: «ХьэщIэу укъэкIуамэ, узыхуей псори пхуэтщIэнщ. Лейзехьэу укъэкIуамэ, хэт текIуэми, деплъынщ». ЛIыкIуэр Къетыкъуэм деж къэкIуэжри, аргуэру пщым и жэуапыр иIыгъыу игъэзэжащ Есе деж: «Сыт ухуейми къысфIэщ, ауэ сызыхуей псори къысхуэщIэ». Осетиныпщым аргуэрым псалъэ кърегъэхь: «Сэ ныжэбэ чэщанэм сыщIэсынущ. Си деж къакIуэ гъуэгур къэбгъуэтыну ухуеймэ, и къуапиплIым бжэгъу зырыз кIэрысщIэнщи, мафIэ щIэзгъэнэнщ. Пщэдджыжь си фочыр щэ згъэуэнущ». Къетыкъуэр жэщым чэщанэм бгъэдыхьэну тегушхуакъым, хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ. Нэху щыри, адыгэпщыр къубгъан иIыгъыу къыщIэкIащ, андез ищтэн папщIэ. И Iэр итхьэщIу здэщытым, Есе уэри, пщым къубгъаныкъум фIэкIа къыIэщIэмынэу, IэщIиудащ. Зихъумэжын зэрыхуейр къыгурыIуэу, Къетыкъуэр шым шэсауэ щежьэжым, Есе кIэлъыуэри, пщым и пыIэр щхьэриудащ. Ауэ ещанэ уэгъуэм IэщIэкIри, Iуащхьэ къуагъым зыкъуигъэпщкIуащ. Пщым аргуэру лIыкIуэ хуегъакIуэ осетин щIалэм: «УзэрылIыхъужьыр къызгурыIуащ. Ауэ си адэр зэи осетинхэм къаукIакъым, сэри апхуэдэу сыкIуэж хъунукъым. ДызэгурыгъаIуи, къуэш хуэдэу дызэбгъэдэгъэкIыж. Укъызэрызэуа фочри сыгъэлъагъу». Есе и фочыр къищтэщ, чэщанэм къыщIэкIри, пщым деж кIуащ. «ДызэрызэгурыIуэнур зыщ, - жриIащ абы Къетыкъуэпщым. – ДяпэкIэ хьэщIэу фIэкIа, зы къэбэрдей щIалэ зэрыпхъуакIуэ къэмыкIуэну псалъэ быдэ къызэт. АбыкIэ сыбгъэпэжынумэ, мыр си Iэщи, къэубыд». Къетыкъуэр арэзы хъури, абдеж щегъэжьауэ Дигориери Донифарси хуит хъужащ. Уэрэдым и цIэри и зэхэлъыкIэри куэду зэщхьэщокI, IукIэ зыбжани иIэщ абы: «Кануков Есерэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ ятехуа уэрэд», «Сары-Аслъэнбэч теухуа уэрэд», «Донифарс щыщ Кануков Есе лIыхъужьым теухуа уэрэд», къинэмыщIхэр. Сатыр зыбжанэ къэтхьынщ: Сары-Аслъэнбэч балигъ хъури, Къэбэрдейр зэрихьэн щIидзащ. Ауэрэ унагъуэу тIысыжын мурад ещIри, Бахъсэн щыщ Урысбий Кургъуокъуэ и пхъур щхьэгъусэу къешэ. Кургъуокъуэ и пхъур вы фIыцIитIкIэ егъэдыщасэ, Нэхъ дахэ Iэщым яхэмыту, Я бжьакъуэхэр IуэнтIарэ угъуэнауэ, Дэтхэнэ зыми дыщэ ахъшэ кIэрыщIауэ. Я псалъэхэр зэтемыхуэу щытми, уэрэдым хэува псалъэхэм дымыщIэ куэд къыдегъащIэ. А хъыбар дыдэр адыгэхэм зэрыжаIэжми уедэIуэну гъэщIэгъуэнт. АбыкIэ ди тхыдэджхэмрэ IуэрыIуатэджхэмрэ дащогугъ. ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 17:18 →
Хэкурщ нэхъапэр
17.05.2024 - 10:01 →
Пасэрей хасэ зэхэшэкIэ
16.05.2024 - 10:12 →
ХэкIыпIэншэу къагъэнат
13.05.2024 - 12:04 →
Кавказым бэнэныгъэр къызэрыщежьар
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
|