Лъэпкъ IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ ЮНЕСКО-м, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт Тумэ Залым и лэжьыгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрми, Москваи, Санкт-Петербурги, хамэ къэралхэми щIэуп­щIэ­шхуэ щаIэщ. Кавказ Iэщэхэр зэхуэ­зыхьэсхэм Залым и лэжьыгъэхэр къацIыхуащ. «Черкесы: воины и мастера» альманахми хагъэхьащ и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщ зыбжанэ. 

Пушкинымрэ Лермонтовымрэ я тхыгъэхэм куэдрэ ущрохьэлIэ Кавказым щащIа Iэщэхэр нэгъуэщIхэм зэре­фIэкIым. Зэрысабийрэ дыщэкI IэщIагъэм щIэхъуэпс Тумэр ящыщщ IэпщIэлъапщIэ нэхъ Iэзэ дыдэхэм. Ар нэгъуэщIхэм езыгъэфIэкIыр и Iэзагъырщ, и IэрыкI дэтхэнэри гъуазджэ лэжьыгъэ зэрыхъурщ, абыхэм яхэлъ фIагъырщ. 
Налшык гъуазджэхэмкIэ и училищэм «художник-оформитель» IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ абы. Шыкуэ Анатолэ и нэIэм щIэту 1990 - 1996 гъэ­-     хэм декоративно-прикладной гъуаз­джэм, дыщэкI IэщIагъэм зыхуигъэсащ. «Черкес» IуэхущIапIэм, «Республиканский центр художественных промыс­лов и ремесел» къэрал IуэхущIапIэм художник-дизайнеру, Москва и «Златоуст» ювелир заводым илъэс куэдкIэ технолог нэхъыщхьэу, Налшык и «Кассия-Ди» заводым щылэ­жьащ. 2000 гъэм Тыркум, Истамбыл, кIуэри и щIэныгъэм хигъэхъуащ икIи абы щылэжьащ. СурэтыщI гъуазджэм, дыщэкI IэщIагъэм теухуа тхылъ куэд еджащ, музей куэдым зыщиплъыхьащ, бгъэдэлъ Iэзагъэм хигъэхъуэн, зригъэужьын папщIэ. Нобэр къыздэсым и зэфIэкIыр зэрыригъэфIэ­кIуэ­ным, щIэхэм зэрызыдригъэ­кIуным и ужь итщ. И лэжьыгъэхэр урысейпсо, къэралзэ­хуаку выставкэ куэдым щыIащ. Апхуэдэщ «Юг России» гъэлъэгъуэныгъэр, Флоренцием, Италием, IэпщIэ­лъапщIэхэм я къэралзэхуаку жармыкIэ ще­кIуэкIар. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ КъБР-м и Правительствэм ­Залым къритащ лъэщапIэ. Иджы ар цIыху кIуа­пIэщ. Абы щызэхуос и ныбжьэгъухэр, щIэныгъэлIхэр, артистхэр, Кавказым и хьэщIэхэр. Къэбгъэ­лъагъуэмэ, Эрмита­жым и щIэ­ныгъэ лэ­жьакIуэхэм ящыщи и хьэщIащ.
2008 - 2010 гъэхэм Накуэ ­Феликс и пашэу къызэрагъэпэща «Путь всадника» зэгухьэныгъэм щыжыджэращ Тумэ ­Залыми. Гупым хэтащ гъукIэ Борий Къанщобий, гъукIэ икIи дыщэкI Къущхьэ Ахьмэд, псапащIэ, коллекционер Пщыншэ Анзор, нэгъуэщIхэри. Абыхэм зэгъусэу ягъэхьэзыра «Клинок» лэжьыгъэр щагъэлъэгъуащ Москва къыщызэрагъэпэща къэралзэхуаку выставкэм икIи зэхьэзэхуэм и щIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщат, лъэпкъ хабзэхэр, пасэрей IэщIагъэ дахэр хъумэным хэлъхьэныгъэ зэ­рыхуащIым папщIэ. 
Илъэс щэщIым щIигъуауэ лажьэ Залым адыгэ бзылъхугъэ бгырыпххэр, бгъэIулъхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэдахэ ­цIуугъэнэхэр, цIыхухъу къамэ, сэшхуэ, лъэпкъ дамыгъэхэр, пасэрей хьэпшыпхэр жыпIэми, лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэ къы­щIэкIащ. IэпщIэлъапщIэм и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ и куэдщи, языныкъуэхэр илъэскIэ щыпэплъэ щыIэщ абы ирагъэщIым. Къэбгъэлъагъуэмэ, 1829 гъэм генерал Эммануэль и къэхутэныгъэм хыхьэу Iуа­щхьэмахуэ япэу дэкIа Хьэшыр Чылар и щIэблэ Аскэр хуищIащ дыжьын къамэ. И лэжьыгъэхэр щигъэхьэзыркIэ псом хуэмыдэу пасэрей дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ я щапхъэхэм къызэ­рытемыкIыным хуосакъ, адыгэ дамыгъэхэр хъума хъун пап­щIэ. «Щхьэж зыхуей хилъхьэмэ, лъэпкъым къыдекIуэкI дамыгъэхэм я кIапэлъапэр къып­хуэ­мыгъуэтыжу кIуэдыжынущ», - жеIэ Залым. Абы и лэжьыгъэхэм ахэр щигъэхьэзыра илъэс бжыгъэр, и лъэпкъ дамыгъэр, и цIэ-унэцIэр къы­зэрыщIидзэ хьэрфхэр третхэ, и IэдакъэщIэкIхэм нэгъуэщIхэм трамыщIыкIын папщIэ. Хуеймэ, хьэпшыпыр езыгъэщIым ейри третхэ. 
- ЦIыхубз хьэпшыпхэмрэ цIуу­гъэнэхэмрэ пщIыным зэма­нышхуи ахъшэшхуи токIуа­дэ. Нэхъапэм бзылъхугъэм и фащэм кIэралъхьэхэм - бгы­рыпхым, бгъэIулъым, пыIэм, тхьэгъум, Iэпщэхъум - килог­раммитIым щIигъу я хьэлъагът. А хьэпшыпхэр лIэщIыгъуэкIэрэ хуэсакъыу яхъумэрт, унагъуэм къихъуэ хъыджэбзым иратыжурэ. Иужьрей зэманым адыгэ цIыхубз фащэхэм щIэупщIэм къахэхъуэ зэпытщ. Ахэр Iэзэу зыд дэрбзэр цIэрыIуэ ХьэцIыкIу Мадинэ, гъукIэхэу Хьэщхъуэжь Арсен, Дзидзарие Тимур, Джэтэжьей Анзор сымэ садолажьэ, - жеIэ Залым. - Ди лъэпкъ Iэщэхэр, урыс, шэшэн, къэзакъ нэгъунэ сагъэщI. Зы къамэ пщIыным мазиплIым щыщIэдзауэ илъэсым нэс нэблагъэ токIуадэ. Пасэм цIыхухъум и Iэщэмрэ фащэмрэ зэригъэпэщыным мылъкушхуэ тригъэкIуадэрт. Илъэси 100 - 150-рэ ипэкIэ ящIа Iэщэхэр сыхьэт бжыгъэкIэ зэпысплъы­хьыфынущ, апхуэдизкIэ языныкъуэ дыщэкIхэм я Iэзагъэм сыкъегъэуIэбжьри. Адыгэ къамэр Iэмал имыIэу адыгэм, тырку ­къамэр тыркум зэрихьэн хуейуэ щыткъым. Iэщэр къыщежьа щIыпIэм и цIэр зэрихьэу къокIуэкI. Франджы легионым адыгэ куэдым я Iэщэ яIыгъыу хэтащ. Дагъыстэнхэми куржыхэми адыгэ Iэщэхэр ящIырт, абыхэм щIэупщIэшхуэ зэраIэм къыхэкIыу. IэщIагъэм ирилажьэхэр Iэщэм фIыуэ хэзы­щIыкIырт, ар зей лъэпкъыр зэхэзыцIыхукIыфырт. 
Лъэпкъым и цIыху IэпщIэлъапщIэ пажэхэм ящыщу Тумэм къелъытэ ЗекIуэрей Мухьэмэд, Мэстафэ Вячеслав, ПIаз Александр сымэ. Пасэрей лъэпкъ IэщIагъэр хъумэным, щIэблэр хэгъэгъуэзэным, гъуазджэм дегъэхьэхыным Тумэм хэлъ­хьэныгъэфIхэр хуищIащ. Абы и щыхьэтщ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэм и художественнэ школым ныбжьыщIэ куэд дыщэкI IэщIагъэм зэрыщыхуигъэсар. И гъэсэнхэм къахэкIащ ар лэжьыгъэ зыхуэхъуаи. 
Тумэ Залым щыгъуазэщ XIX лIэщIыгъуэм я лъэпкъым сэ­шхуэхэр, къамэхэр зыгъэдахэ, дыщэкI IэщIагъэ зиIа зэрахэтым. ЛIэужьыр бжьиблкIэ ­мауэ жыхуаIэращи, лIэщIы­гъуэрэ ныкъуэрэ дэкIыжауэ я лъэпкъым къыхэкIащ дыщэкI IэпщIэлъапщIэ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, унагъуэм щыхъума хъуакъым ди IэпщIэлъапщIэм и лэжьыгъэ­хэм ящыщ. Ауэ абы и цIэр къыхощ Аствацатурян Эммэ и «Оружие народов Кавказа» тхылъым, - жеIэ Тумэ Залым. - Хэт ищIэрэ и лэжьыгъэхэр музейм е Iэщэ зэхуэзыхьэсхэм яхъумэнкIи хъунщ. Сылъыхъуэ пэтми, зэкIэ срихьэлIакъым. Нэхъапэм IэпщIэлъапщIэхэм я цIэм иджы хуэдэу мыхьэнэ иратыртэкъым. Нэхъыбэу тратхэр хьэпшыпыр щащIа щIыпIэрт. Музейхэм къэхутэныгъэхэр ­ще­гъэкIуэкIын, дэфтэрхэр къэ­Iэ­тыжын хуейщ, абы и цIэр, къыщIэна хъугъуэфIыгъуэхэр къэдгъуэтыжын папщIэ.
ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и выставкэм и япэ саугъэтыр къыщыхуагъэфэщащ Тумэ Залым игъэхьэзыра «Клинок - традиции и современность» дыжьын къамэм. IэпщIэлъапщIэм и лъэщапIэм ноби хуэсакъыу щехъумэ Церетели Зураб и Iэ зыщIэлъ щIыхь тхылъыр. Урысейм и дыщэкI лэжьыгъэ нэхъыфIхэм я каталогым хагъэхьащ Залым игъэ­хьэзыра, адыгэ тхыпхъэ зытет иран сэшхуэр. Апхуэдэ ехъу­лIэныгъэхэр и мащIэкъым мылъку къэлэжьыныр япэ изымыгъэщ IэпщIэлъапщIэм. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: