Зэхыхьэ гуапэВэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу Налшык дэт ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. - ИлъэсыщIэм къызэдгъэпэща ди япэ пшыхьыр тедухуащ Чуваш республикэм щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу тхакIуэ-усакIуэхэм, - жеIэ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ, Чувашхэм я лъэпкъ IуэхущIапIэу Налшык дэтым и унафэщI Мизинэ Ларисэ. Зэхыхьэм я цIэ къыщраIуащ тхакIуэ цIэрыIуэхэу Аниси Вася, Эльби Валентинэ, Хведер Агивер, Тургай Ольгэ, Хури Макар, Комаров Виктор сымэ, нэгъуэщIхэми. Ахэр Чувашием фIыуэ щацIыху, щалъытэ. ТхакIуэхэмрэ усакIуэхэм я гъащIэм щытепсэлъыхьащ, я IэдакъэщIэкIхэм щыщ пычыгъуэхэм къыщеджащ абы. «ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академием щеджэ цIыкIухэр а усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм гъэхуауэ, сатыр къэс зыхащIэу къеджащ. Зэхыхьэм хэтащ Налшык дэт библиотекэхэм я лэжьакIуэхэр. «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Чуваш Республикэмрэ я зэныбжьэгъугъэм и зэгухьэныгъэр» къызэзыгъэпэща Чувашым я цIыхубэ усакIуэ Тургая Валери и гъащIэ гъуэгуанэм, IэдакъэщIкIхэм, абы хузэфIэкIа Iуэху щхьэпэм щытепсэлъыхьащ пшыхьым. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ. Абы жиIащ ирагъэкIуэкIа Iуэхур игу зэрырихьар, апхуэдэ зэхыхьэхэм я мыхьэнэр ину къызэрилъытэр. Пшыхьым хэта ныбжьыщIэ цIыкIухэм абы яритащ Вэрокъуэ Владимир и тхылъхэм щыщ зыбжанэ. Зэхыхьэм и къызэгъэпэщакIуэхэм абы хэта псоми щIыхь тхылъхэр иратащ. Котляров Виктор я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIахэм щыщ къызэхуэсахэм яхуигуэшащ. ЗэIущIэм хэтахэм Мэкъуауэ Люазэ яригъэлъэгъуащ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщIу щыта Вэрокъуэ Владимир зэхуихьэса хьэпшыпхэмрэ тхылъхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
|