«Россия-1» урысейпсо телерадиокомпанием и щIыналъэ къудамэм и журналист Вэрокъуэ Софият Амман, пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ Адыгэ школым, ирагъэблэгъауэ адыгэбзэр щрегъэдж.
Зэрысабийрэ журналист IэщIагъэм щIэхъуэпс Вэрокъуэм курыт еджапIэр къыщиухым, КъБКъУ-м журналистикэ факультетыр иджыри къыщызэIуахатэкъым. Адэ-анэм нэгъуэщI къалэ ямыгъэкIуэн щхьэкIэ, КъБКъУ-м и филологие факультетым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэм щIагъэтIысхьат. ЕджапIэр къызэриухыу, «Росссия-1» телеканалым япэщIыкIэ титрхэмкIэ редактору, иужькIэ корреспонденту, хъыбарыщIэхэр иригъэкIуэкIыу къащтащ.
- А зэманым хъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм и унафэщI Къэзанш Людмилэ си бзэр игу ирихьырти, адыгэбзэкIэ къат хъыбарыщIэхэм я тхыгъэхэр згъэхьэзырыну, сюжетхэр зэздзэкIыну, езы «Вести КБР» нэтынри езгъэкIуэкIыну пщэрылъ къысщищIат, - жеIэ Софият. - ИлъэситIкIэ а лэжьыгъэм сыдихьэхыу сыпэрытащ. Ауэ, теленэтынхэмрэ творческэ проектхэмрэ згъэхьэзырыну Iэмал сыщимыIэм, «1 КъБР» телеканалым сыкIуащ икIи «Къэрабэ» сабий нэтыныр згъэхьэзырыжурэ езгъэкIуэкIащ, ГъукIакъуэ Идар и гъусэу. Сабийхэм садэлэжьэну сфIэфIти, ахэр си нэтыным куэдрэ къыхэсшэрт. Ар цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуат. Илъэс нэужьым а нэтыныр зэхуэсщIыжын хуей зэрыхъуар я жагъуэ хъуат программэм къезгъэблагъэ цIыкIухэми я адэ-анэхэми. Гуапэщ абыхэмрэ сэрэ дызэрызэрыщIэр, балигъ хъуа я бынхэм я сурэтхэр къызэрысхурагъэхьыр.
Анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу Софият мурад ищIат и сабийхэм адыгэбзэр яригъэщIэну. АрщхьэкIэ, дэтхэнэ къалэдэсми хуэдэу, цIыкIухэм тыншу къапхъуэта урысыбзэм адыгэбзэр Iэпэдэгъэлэл яригъэщIу гу щылъитэм, адыгэ хабзэм, бзэм, щэнхабзэм я пщIэр зэрехуэхым гууз-лыуз хузиIэхэм ящыщти, мурад ищIащ абыхэм фIыуэ ялъагъу таурыхъхэр зыдигъэIэпыкъуурэ и бынхэр дригъэхьэхыну. Зым и дежкIи щэхукъым, Урысейм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ сабийхэр иджыпсту урысыбзэкIэ зэрыпсалъэр, урыс таурыхъхэм нэхъыбэу зэрыдахьэхыр. Къалэдэс сабийхэм къадэкIуэу, къуажэдэсхэри анэдэлъхубзэм хуэхамэу, урысыбзэр уэрсэру ягъэшэрыуэу къыщIыдэкIуэтей щхьэусыгъуэхэм мультфильмхэри хохьэ. ГъащIэм зэрыщыхабзэщи, бгъэдыхьэкIэ къыхуэбгъуэтмэ, дэтхэнэ зы Iуэху зэIумыбзми хэкIыпIэ къызэрыхуэбгъуэтыфынур къилъытэри, иджырей урыс, хамэ къэрал таурыхъхэр адыгэбзэм къригъэзэгъэну иужь ихьащ.
Нэхъапэм сабийхэр топ, гъуэрыгъуапщкIуэ, псыутх жыпIэми, нэгъуэщI джэгукIэ хьэлэмэтхэм дахьэхыу щытамэ, иджы ди нэгу щIокI зэманым зэрызихъуэжар. Иджырейхэр телевизор, планшет, жып телефон жыпIэми, щхьэж зыхуэщIа Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ, цIыкIухэр жэщ-махуэ жамыIэу таурыхъхэм йоплъ, Интернетым «щокIуэд». «Барбоскины», «Мимимишки», «Лунтик», «Фиксики», «Три кота», «Щенячий патруль», «Синий трактор», «Двенадцать месяцев», «Жил был пёс», «Дюймовочка», «Золотая антилопа», сабийхэр дэзыхьэх нэгъуэщI таурыхъхэм адыгэбзэкIэ еплъмэ нэхъ гъэщIэгъуэныж зэращыхъунум шэч къытримыхьэу, Вэрокъуэр а Iуэху щхьэпэм яужь ихьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, анэдэлъхубзэм къригъэзэгъэну таурыхъхэр къыщыхихкIэ, Софият сабийхэм я деж щIэупщIэ нэхъ щызиIэхэр япэ зэрыригъэщыр, абы и лъэныкъуэкIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэм зэрызыкъыхуагъазэ лъэIухэмрэ чэнджэщхэмрэ къызэрилъытэр, Интернет зэпыщIэныгъэхэр абыкIэ сэбэп зэрыхъур.
- Езгъажьэу япэу адыгэбзэ зыщIэслъхьа «Барбоскины» мультфильмым си сабийхэр щезгъэплъам ягу зэрырихьам дамэ къыстригъэкIащ. Псом хуэмыдэу згъэщIэгъуат тIуми абы щыщ псалъэухахэр къытрагъэзэжурэ зэрыжаIэр. Адыгэ унагъуэхэм я щIэблэм яхуэщхьэпэн хуэдэу а таурыхъхэр YouTube каналым къислъхьэу щIэздзащ. ИтIанэ ахэр ИнстаграммымкIэ зэбгрезгъэхащ. Ахэр зылъагъухэр абы щыгъуэм куэдкIэ нэхъ мащIэт, ауэ ягу зэрырихьыр, щIэупщIэ зэраIэр къызэрыслъагъэIэсыр гуапэт. А Iуэхугъуэм нэхъри сытригъэгушхуат уэрэд цIыкIухэр зыщIэт, нэхъ гугъуу къысщыхъу мультфильмхэм я ужь сихьэнымкIэ икIи ахэри къызэхъулIауэ къалъытащ, - жеIэ Софият.
Вэрокъуэм зэридзэкI мультфильмхэм хэт лIыхъужьхэр «къэзыгъэпсэлъэн» хуейуэ Интернетым хъыбар щрилъхьэм, къыдэIэпыкъуну хьэзырхэр мымащIэу къыпэджэжащ. А лъэныкъуэмкIэ Софият и лэжьыгъэр куэдым къызэрыдагъэпсынщIэр Iуэхур зыгъэкIуатэхэм ящыщщ. Къыпэджэжахэр япэу къызыхиша «Мазэ пщыкIутI» мультфильмыр цIыху куэдым зэдагъэхьэзыращ икIи ар цIыкIухэм ягу дыхьащ. Абы къыкIэлъыкIуащ «Снежная королева», «Дюймовочка», «Морозко» мультфильмхэр.
Зы илъэскIэ узэIэбэкIыжмэ, Мейкъуапэ и «Черкесская медиаплатформа» IуэхущIапIэм и проектым Софият ирагъэблэгъащ - «Мимимишки» мультсериалыр зэдзэкIынымрэ абы псалъэхэр щIэлъхьэнымкIэ къыдэIэпыкъуну. Иджыпсту а сериалыр адыгэбзэм и къэбэрдей, кIэмыргуей диалектхэмкIэ зэрадзэкI, макъхэри щIалъхьэ. ЗэрадзэкIа сериехэр псори «Circassian-TV» каналым иралъхьэ. Апхуэдэу а каналым къыщывгъуэтынущ Софият и лэжьыгъэхэм ухэзышэ видеороликхэр. «Черкесская медиаплатформа» IуэхущIапIэм «Лео и Тиг» мультфильмым и серие 26-м я лицензэ къищэхуащ.
Гуапэт адыгэбзэр хъумэным, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми, хэлъхьэныгъэ хуэщIыным хуэунэтIа мы Iуэху дахэм дэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэр зэрызэщIигъэуIуар. Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр Софият къыхуотхэ, къопсалъэ фIыщIэ, хъуэхъу псалъэ гуапэхэр къыжраIэу, адыгэбзэр нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэм хэмышыпсыхьыжынымкIэ къащхьэпэну лэжьыгъэр хыфIимыдзэу адэкIи пищэну къелъэIухэу.
- Апхуэдиз цIыху къызэрысщыгугъыр зыхэсщIэу, пщэрылъ зыщысщIыжащ дяпэкIи мы Iуэхум зезгъэубгъуну. КъищынэмыщIауэ, сабий нэтын зэмылIэужьыгъуэхэр згъэхьэзырыну си хъуэпсапIэщ. Ар къызэхъулIэн папщIэ, си напэкIуэцIым зи Iэ щIэлъ цIыхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъун хуейщ, си закъуэ къарукIэ ар сызыпэмылъэщын Iуэхугъуэщи. Ари къыздэзыгъэкIуатэхэм фIыщIэ яхуэфащэщ. Мы Iуэхум ехьэлIа проект згъэхьэзырри, грант зэпеуэ сыхыхьати, ари къэсхьащ, - жеIэ Софият. - Нэхъыщхьэращи, адыгэбзэр гъэлэжьэнымкIэ, щIэблэм ар яIурылъу къэгъэхъунымкIэ си проектым мыхьэнэ иIэу къэзылъытэхэр къыздоIэпыкъу си напэкIуэцIым и щIэупщIэр нэхъри драгъэкIуеинымкIэ. СэркIэ куэд и уасэщ лъэпкъым щыщ куэд къызэрыскъуэувэр.
Телевиденэм адыгэ нэтынхэр щигъэхьэзыру илъэс пщыкIутхукIэ лэжьа Софият адыгэбзэм теухуауэ ищIэм щыгъуазэт Тыркум, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм щыщ егъэджакIуэхэр. Абыхэм хъыбар кърагъащIэрт зэридзэкIа таурыхъхэр я дерсхэм къызэрыщагъэсэбэпым икIи ахэр къазэрыщыхуэщхьэпэм теухуауэ. Сэбэп къахуэхъуну къалъытэ видеороликхэр зыхуэдэр къыжраIэрт, бзэр егъэджыным теухуахэмкIи къечэнджэщырт. И лэжьэгъу Алъэсчыр Радимэ и гъусэу Амман адыгэбзэр щрагъэджыну Дунейпсо Адыгэ Хасэм щигъакIуэм, куэдрэ мыгупсысэу арэзы техъуащ икIи а Iуэхум дихьэхауэ пэрытщ. Софият игу къинэжахэм ящыщщ иджыри Налшык щылажьэу, зэгуэр Иорданием кIуэнуи и пщIыхьэпIэ къыщыхэмыхуэм, иджы Амман щылажьэ школым къегъэщIылIа сабий гъэсапIэм и гъэсакIуэхэм папщIэ усэ зэридзэкIауэ зэрыщытар.
- Школым къекIуалIэ сабийхэм адыгэбзэр зыщIэу яхэтыр мащIэми, я щэнхабзэм хуэдэу я анэдэлъхубзэри фIыуэ ялъагъу икIи зэрызрагъэщIэным хущIокъу. НыбжьыщIэхэм лъэпкъ къафэхэм, макъамэ Iэмэпсымэхэм зыхуагъасэ. Адыгэ уэрэдхэм дихьэххэри мащIэкъым. Хьэрыпыбзэр щытепщэ щIыналъэм адыгэбзэр щыпхъумэжыну зэрымытыншырщ мыбдеж ди нэгу щыщIэкIыр. Дауэ хъуми, сабийхэм анэдэлъхубзэр зэрезгъэщIэным сыхущIэкъунущ. Адыгэбзэр зэрырагъэдж тхылъхэр мыбы зэрыщымащIэм Iуэхур нэхъри къелъахъэ. ЕгъэджакIуэхэр иджыпсту абы долэжь. КъищынэмыщIауэ, Адыгэ Хасэм екIуалIэ балигъхэми адыгэбзэр зэраджыну тхылъ догъэхьэзыр, - жеIэ Софият.
Вэрокъуэм и лэжьыгъэхэм зыщыхэвгъэгъуазэ хъунущ абы Инстаграмым щиIэ sofiyavorokova напэкIуэцIым, Телеграмым къыщызэригъэпэща «Псысэхэр» и каналым. А таурыхъхэр зылъагъухэм зэбграгъэкIыурэ адыгэ сабий зэрыс дэтхэнэ зы унагъуэми лъагъэIэсамэ, мы Iуэхум хуабжьу хуэщхьэпэнут.