Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я IэрыкIхэрКисловодск къалэм и Нарзан галереем щагъэлъагъуэ адыгэ, абазэ сурэтыщIхэм IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ «Природа в зеркале культуры» проектым хыхьэу. Ди лъэпкъхэм зэрахьэу щыта Iэщэ лIэужьыгъуэхэр, дыщэ-дыжьын бгырыпххэр, бгъэIулъхэр, арджэнхэр, цым, фэм, гъущIым къыхэщIыкIауэ къагъэсэбэпа нэгъуэщI хьэпшып телъыджэхэр щагъэлъагъуэ мыбы. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа, дыщэидэ щIа къэлътмакъхэм, хъыджэбз хьэпшыпхэм къыпхузэIуах лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ тхыпхъэхэм я дахагъэр. «Абазэ» лъэпкъ щэнхабзэ-центрым и унафэщI Чагъ Армидэ жеIэр Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъ цIыкIухэм ящыщ абазэхэм я дежкIэ апхуэдэ щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Тхыдэм уриплъэжмэ, зэгъунэгъуу псэуа лъэпкъхэм я гъуазджэм, щэнхабзэм зэщхь куэд хыболъагъуэ. - Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ къахэкIа IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр зэгъусэу утыку къызэритхьар ди зэпыщIэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я щыхьэтщ, - жиIащ «Адыгэхэр» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ. ХьэщIэхэм папщIэ дыщэидэмкIэ мастер-классхэр ятащ. Мы Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIахэр ирагъэплъащ «Абазины Ставрополья» документальнэ фильмым. Къэрэшей-Шэрджэсым и студентхэм ягъэлъэгъуащ убых къафэр. Выставкэм зрагъэхьэлIащ лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм, Ставрополь крайм Лъэпкъ политикэмрэ къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэм, гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм, къалэм и хьэщIэхэм. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ «Абазэ», «Адыгэхэр» лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм, «Кисловодский» Лъэпкъ паркыр, Ставрополь крайм Лъэпкъ политикэмрэ къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр, Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал колледжыр я дэIэпыкъуэгъуу.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
|