Гуащэхэм я зэIущIэшхуэУзбекистаным и щыхьэр Ташкент бзылъхугъэ мин бжыгъэ зэхуэзышэса «Узбекистан гуащэхэм я зэIущIэшхуэ» щекIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 10-м. «Дэ щхьэ дигу къэмыкIрэ апхуэдэ зэхуэс едгъэкIуэкIыну?» - жыуегъэIэ къэрал унафэщIхэм я нэIэ щIэту зэхаша мы зэIущIэ гъэщIэгъуэным. «Дауэ унагъуэщIэм узэрыдэIэпыкъунур?», «Гуащэм иджырей унагъуэм щиубыд увыпIэр», «Си къуэм иджы кIэлъыплъын сиIэщ», «Унагъуэр нэхъ быдэ зэрыпщIынур» - зэIущIэм къыщыпсэлъахэр утыку къызэрихьа темэхэри щIэщыгъуэ защIэт. Форумыр къызэригъэпэщащ Унагъуэмрэ бзылъхугъэхэмрэ я управленэу Ташкент дэтым. Унафэ зыIэщIэлъ къулыкъущIэхэр, щIэныгъэлIхэр, юристхэр, профессорхэр щхьэж и IэнатIэм и хьэтыркIэ къеблэгъауэ щытми, «гуащэ» псалъэм и мыхьэнэр зи гъащIэм пхымыкIа яхэтагъэнкъым абыхэм. «Щапхъэ зытепх хъуну гуащэхэри, унагъуэм лъэпощхьэпо гуэрхэр щызышэчхэри хэтащ ди форумым, - жиIащ абы тепсэлъыхьыжа психолог Исаковэ Шоирэ. - ЗэIущIэм мурад зыхуищIыжар унагъуэр нэхъ быдэ, нэхъ зэкъуэт щIын папщIэ, япэрауэ, езы гуащэхэм я пщIэр къэIэтыжа зэрыхъунум тепсэлъыхьынырт. ЕтIуанэрауэ, абыхэм я зэран унагъуэщIэхэм емыкIын, зэрышагъащIэхэм я зэхуаку дэмыхьэн папщIэ, ды зэхэтыкIэм щыщу хъуэжын хуейхэр убзыхунырт. Иджырей гуащэхэр зэрыщытыпхъэми зихъуэжащ, аращи, куэдым я гупсысэкIэр ямыхъуэжу хъунукъым». Къызэхуэсахэм унафэ къащтащ илъэс къэс щэкIуэгъуэм и 30-м Узбекистаным Гуащэхэм я махуэр щагъэлъэпIэну.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
|